игъащӀэкӀэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
ПсэухукӀэ, дунейм тетыхукӀэ.
рунавсегда, навеки, на всю жизнь
Ӏэзэхэм жаӀэрт щӀалэр жин фӀыцӀэм игъэшынауэ, игъащӀэкӀи мыхъужыну.— Шортэн Аскэрбий
+1 örnek
Ар игъащӀэкӀэ узыхуэмей Ӏуэхугъуэщ.— Къэбэрдей
Kitapta geçtiği hali
игъащӀэкӀэ нареч. навсегда, навеки, на всю жизнь / ПсэухукӀэ, дунейм тетыхукӀэ. * Ӏэзэхэм жаӀэрт щӀалэр жин фӀыцӀэм игъэшынауэ, игъащӀэкӀи мыхъужыну. Ш. А. Ар игъащӀэкӀэ узыхуэмей Ӏуэхугъуэщ. Къэб.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ПсэухукӀэ, дунейм тетыхукӀэ.
ЗэтумыпӀэнумэ, [уи жьэр] згъэпцӀакъэ нахуэу, игъащӀэкӀэ умыпсэлъэжын узмыщӀым, – жиӀэу [Якъуб] и нэщхъыр зэщӀиукӀащи, и пэм мафӀэ бзий кърех, и автоматым ӀэпэкӀэ тоуӀуэ кӀакхъур щӀичын къудейуэ.— Нал къута, 287
+1 örnek
ИгъащӀэкӀэ миномет жыхуаӀэр зэригъэщӀэну хуэмеиххэми, и дэлъхум и фэеплъу ихъумэнкъэ [Апчарэ].— Щынэхужьыкъуэ, 34
Kitapta geçtiği hali
ИГЪАЩӀЭКӀЭ (3). нареч. ПсэухукӀэ, дунейм тетыхукӀэ. ЗэтумыпӀэнумэ, [уи жьэр] згъэпцӀакъэ нахуэу, игъащӀэкӀэ умыпсэлъэжын узмыщӀым, – жиӀэу [Якъуб] и нэщхъыр зэщӀиукӀащи, и пэм мафӀэ бзий кърех, и автоматым ӀэпэкӀэ тоуӀуэ кӀакхъур щӀичын къудейуэ. Нал къута, 287. ИгъащӀэкӀэ миномет жыхуаӀэр зэригъэщӀэну хуэмеиххэми, и дэлъхум и фэеплъу ихъумэнкъэ [Апчарэ]. Щынэхужьыкъуэ, 34.