зэӀэпыхын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэӀэпах)
Зы Ӏэм икӀыу адрейм зыгуэр Ӏэрыхьэн.
рупередавать что-л. из рук в руки
Бэракъыр зэӀэпыӀын. ЛӀыхэм письмор зэӀэпах. Мэ гуакӀуэ къызыкӀэрих удз дахэр цӀыкӀухэм зэӀэпах. ЦӀыхухэри нэжэгужэщ, гушыӀэу зопсалъэ, тутын зэӀэпах. Щ. А.
Kitapta geçtiği hali
зэӀэпыхын (зэӀэпах) перех. гл. передавать что-л. из рук в руки / Зы Ӏэм икӀыу адрейм зыгуэр Ӏэрыхьэн. Бэракъыр зэӀэпыӀын. ЛӀыхэм письмор зэӀэпах. Мэ гуакӀуэ къызыкӀэрих удз дахэр цӀыкӀухэм зэӀэпах. ЦӀыхухэри нэжэгужэщ, гушыӀэу зопсалъэ, тутын зэӀэпах. Щ. А.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэӀэпах)
Зы Ӏэм икӀыу адрейм зыгуэр Ӏэрыхьэн. –547.
Псом хуэмыдэу Дэфэрэдж и гум къридзэр и анэр арат, абыи ӀэщӀагъэкӀэ хэт къытекӀуэн жыуигъэӀэу сыт ищӀыскӀи ӀэкӀуэлъакӀуэт: щӀэп зэхуихьэсынт, игъэцӀынэнт, итхъыжынти, чэтэн ищӀырт, щэнджащэм езыр дэсыжу, щӀэгъэж, шэцыкуэ сытхэр зэрызэӀэпихыр и хъыджэбз цӀыкӀум иригъэлъагъуу, зэми цеищэ шэнтым щытригъэтӀысхьэ къэхъурт.— Лъапсэ, 111
+2 örnek
Лу къыздихьа справкэр зэӀэпахыу еплъырт, псоми хьэкъыу япхыкӀат Лу дзыхьышхуэ къызэрыхуащӀар, итӀани крушкӀэшхуэхэри крушкӀэ цӀыкӀухэри щӀызэныкъуэкъу щыӀэт: иныкъуэм жаӀэрт Инал и машинэм, шыфӀ утесмэ, улъэщӀыхьэну, е трактор зепхуэныр ӀэджэкӀэ нэхъ гугъуу машинэм нэхърэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 546
Къылъыс нэмысыр зэӀэпыфхыу ФщӀы махуэ закъуэ гукъыдэж.— Си вагъуэр уафэм имызагъэ… Щхьэлыкъуэ, 404
Kitapta geçtiği hali
ЗЭӀЭПЫХЫН (зэӀэпах) лъэӀ. (11). Зы Ӏэм икӀыу адрейм зыгуэр Ӏэрыхьэн. Псом хуэмыдэу Дэфэрэдж и гум къридзэр и анэр арат, абыи ӀэщӀагъэкӀэ хэт къытекӀуэн жыуигъэӀэу сыт ищӀыскӀи ӀэкӀуэлъакӀуэт: щӀэп зэхуихьэсынт, игъэцӀынэнт, итхъыжынти, чэтэн ищӀырт, щэнджащэм езыр дэсыжу, щӀэгъэж, шэцыкуэ сытхэр зэрызэӀэпихыр и хъыджэбз цӀыкӀум иригъэлъагъуу, зэми цеищэ шэнтым щытригъэтӀысхьэ къэхъурт. Лъапсэ, 111. Лу къыздихьа справкэр зэӀэпахыу еплъырт, псоми хьэкъыу япхыкӀат Лу дзыхьышхуэ къызэрыхуащӀар, итӀани крушкӀэшхуэхэри крушкӀэ цӀыкӀухэри щӀызэныкъуэкъу щыӀэт: иныкъуэм жаӀэрт Инал и машинэм, шыфӀ утесмэ, улъэщӀыхьэну, е трактор зепхуэныр ӀэджэкӀэ нэхъ гугъуу машинэм нэхърэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 546–547. Къылъыс нэмысыр зэӀэпыфхыу ФщӀы махуэ закъуэ гукъыдэж. Си вагъуэр уафэм имызагъэ… «Щхьэлыкъуэ», 404.