зэӀыхын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэӀах)
1. Зым адрейм зыгуэр иритын, зэтэн; зэхъуэжэн.
рупередать что-л. друг другу
Ахъшэ зэӀыхын. Мылъку зэӀыхын. Ахъшэ мыбж зэӀахкъым. (погов.)
2. Еплъ: зэхъуэжэн
Къуэш зэхуэхъури я жыр джатэр зауэлӀитӀым зэӀахащ. ГуфӀэгъуэ.
(зэӀех)
1. Ӏэщ, джэдкъаз фӀэгъэжар пкъырыпкъ щӀын.
руразделать, освежеть (тушу)
Мэлыр зэӀыхын. Джэдыр зэӀыхын. Выр зэӀахыу лыр ягъэвэху, лӀыжьыр пхауэ щылъщ. Къ. Хь.
2. ТкӀуаткӀуэ Ӏув гуэр нэхъ пӀащӀэ щӀын.
руразбавить, развести (что-л. густое)
Хьэнтхъупсыр шэкӀэ зэӀыхын.
3. Зыгуэр Ӏэпхъуамбэ, мажьэ сыт хуэдэхэмкӀэ зэхэхын, зэӀыгъэкӀын.
рураспутать, расчесать что-л. (напр. волосы, шерсть)
ЛӀыжьыр щыст ӀэпхъуамбэкӀэ зэӀихыу жьакӀэ кхъахэр. Ӏуащхь.
Kitapta geçtiği hali
зэӀыхын I (зэӀах) перех. гл. 1. передать что-л. друг другу / Зым адрейм зыгуэр иритын, зэтэн; зэхъуэжэн. Ахъшэ зэӀыхын. Мылъку зэӀыхын. Ахъшэ мыбж зэӀахкъым. (погов.) 2. см. зэхъуэжэн. Къуэш зэхуэхъури я жыр джатэр зауэлӀитӀым зэӀахащ. ГуфӀэгъуэ. II (зэӀех) перех. гл. 1. разделать, освежеть (тушу) / Ӏэщ, джэдкъаз фӀэгъэжар пкъырыпкъ щӀын. Мэлыр зэӀыхын. Джэдыр зэӀыхын. Выр зэӀахыу лыр ягъэвэху, лӀыжьыр пхауэ щылъщ. Къ. Хь. 2. разбавить, развести (что-л. густое) / ТкӀуаткӀуэ Ӏув гуэр нэхъ пӀащӀэ щӀын. Хьэнтхъупсыр шэкӀэ зэӀыхын. 3. распутать, расчесать что-л. (напр. волосы, шерсть) / Зыгуэр Ӏэпхъуамбэ, мажьэ сыт хуэдэхэмкӀэ зэхэхын, зэӀыгъэкӀын. ЛӀыжьыр щыст ӀэпхъуамбэкӀэ зэӀихыу жьакӀэ кхъахэр. Ӏуащхь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэӀех)
Пкъырыпкъ щӀын, Ӏыхьэ-Ӏыхьэ щӀын (джэд, Ӏэщ с.ху. фӀагъэжар); щхьэхуэ-щхьэхуэ щӀын, зэхэхын; фыщӀын.
Дауи къэмыгубжьынрэт – Бекъан шыщӀэр зэӀихыху, шибл ядыгъуат.— Нал къута, 272
+2 örnek
Лыр зэӀиха иужь, Кулисум хуигъэфащэу щхьэ щӀэлъэныкъуэ, танэ лъакъуиплӀри, абы и щӀыӀужкӀэ блатхьэ къыхилъхьэжри, ӀыхьэфӀ хуигъэтӀылъри и пэгуным ирилъхьэжащ.— Нэгъуху, 35
Пэщэми хъыбар яригъащӀэ закъуэмэ, тхьэӀухудхэм я адэ-анэхэм я шыкӀэм мафӀэ егъэуауэ къызэхуэсынщи, Къэрэжьыр цырыцу зэӀахынщ…— Лъапсэ, 37
(зэӀах)
Зым адрейм зыгуэр иритын, зэӀэпыхын.
А тӀум [зэгъунэгъуитӀым] игъащӀэм къамэ къызэхурахакъым, псалъэ мыхъумыщӀи зэжраӀакъым, зэгъунэгъуу псэурти, кхъузанэ хьэху щызэӀах е мафӀэхьэ щызэхуэкӀуэ куэдрэ къэхъурт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 67
Kitapta geçtiği hali
ЗЭӀЫХЫН I (зэӀех) лъэӀ. (5). Пкъырыпкъ щӀын, Ӏыхьэ-Ӏыхьэ щӀын (джэд, Ӏэщ с.ху. фӀагъэжар); щхьэхуэ-щхьэхуэ щӀын, зэхэхын; фыщӀын. Дауи къэмыгубжьынрэт – Бекъан шыщӀэр зэӀихыху, шибл ядыгъуат. Нал къута, 272. Лыр зэӀиха иужь, Кулисум хуигъэфащэу щхьэ щӀэлъэныкъуэ, танэ лъакъуиплӀри, абы и щӀыӀужкӀэ блатхьэ къыхилъхьэжри, ӀыхьэфӀ хуигъэтӀылъри и пэгуным ирилъхьэжащ. Нэгъуху, 35. Пэщэми хъыбар яригъащӀэ закъуэмэ, тхьэӀухудхэм я адэ-анэхэм я шыкӀэм мафӀэ егъэуауэ къызэхуэсынщи, Къэрэжьыр цырыцу зэӀахынщ… Лъапсэ, 37.
ЗЭӀЫХЫН II (зэӀах) лъэӀ. (1). Зым адрейм зыгуэр иритын, зэӀэпыхын. А тӀум [зэгъунэгъуитӀым] игъащӀэм къамэ къызэхурахакъым, псалъэ мыхъумыщӀи зэжраӀакъым, зэгъунэгъуу псэурти, кхъузанэ хьэху щызэӀах е мафӀэхьэ щызэхуэкӀуэ куэдрэ къэхъурт. Хъуэпсэгъуэ нур, 67.