зэщӀэщтэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэщӀещтэ)
Зыгуэр зыгуэрхэм зэщӀаубыдэн, яуфэбгъун, щӀагъэнэн.
рузанять полностью, захватить, заполнить что-л.
Жыгхэр хьэпӀацӀэм зэщӀащтащ. {ЛӀыжьхэм:} ЗэгъащӀэ, шынэхъыщӀэ, удзыжьым зэщӀащта щӀыналъэм хэхуа нартыху хьэдзэри зимыгъэкӀуэдыну гъащӀэм щӀобэн. Т. Хь. Гъэмахуэ хъумэ, пщӀантӀэр шэмэдж уӀу макъымрэ унэӀут бзылъхугъэхэм я гъыбзэ макъымрэ зэщӀищтэрт. КӀ. Т.
Kitapta geçtiği hali
зэщӀэщтэн (зэщӀещтэ) перех. гл. занять полностью, захватить, заполнить что-л. / Зыгуэр зыгуэрхэм зэщӀаубыдэн, яуфэбгъун, щӀагъэнэн. Жыгхэр хьэпӀацӀэм зэщӀащтащ. {ЛӀыжьхэм:} ЗэгъащӀэ, шынэхъыщӀэ, удзыжьым зэщӀащта щӀыналъэм хэхуа нартыху хьэдзэри зимыгъэкӀуэдыну гъащӀэм щӀобэн. Т. Хь. Гъэмахуэ хъумэ, пщӀантӀэр шэмэдж уӀу макъымрэ унэӀут бзылъхугъэхэм я гъыбзэ макъымрэ зэщӀищтэрт. КӀ. Т.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэщӀещтэ)
ЩӀыпӀэ, щӀыгу с.ху. зыгуэрым зэщӀиубыдэн, иуфэбгъун, щӀигъэнэн, щӀихъумэн. –411.
Зауэр и пӀалъэм хуэмызэу ирагъажьэри топ зыгъауэм ялъэкӀ къагъэнакъым, ерпланри бийм ящхьэщымыкӀыу бомбэкӀэ мыхьыр ирагъэхьурэ уи къали сыти умылъагъужу Ӏугъуэмрэ сабэмрэ зэщӀащтауэ Къэрэмырзэ щилъагъум, къэсащ ди пӀалъэр, жиӀэри инэралым епсэлъащ.— Лыгъэ, 410
+2 örnek
Уеблэмэ жэм гъуабжэжьым и кӀэр мылым зэщӀищтауэ къыкӀэрыблэблырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 287
Мес танк гуэрым зигъэбгъунлъэу А члисэм бгъэдокӀуатэ, Къуагъым къуэту Марфэ къоплъэ, Танкым шэхэр тракӀутэ, Сэлэт гуэри мис къопщылӀэ, Ӏугъуэм псори зэщӀищтащ, Бомбэр къоуэ, щӀыр мэлъалъэ, Танкыр псэууэ мис къэнащ, А члисэм егъэпщауэ Танкым топыр игъэуащ, Марфэ щтауэ гузэвауэ И н
(зэщӀэщтащ)
Псори ихъуреягъкӀэ щтын, мылым зэщӀиӀулӀэн.
– Зэзэмызэ уэс къос. Къесар занщӀэу токӀыжри, аргуэру махуэ дыгъэпсщ. – ЩӀыр зэщӀэмыщтэуи? [Къыдырыр щӀэупщӀащ].— Кхъухь пхэнж, 496
+1 örnek
[Кърум жеӀэ:] – Дауэ зэщӀэщтэу! – уэсыр мэткӀужри псынэ мажэ – ефэ урикъуху— Кхъухь пхэнж, 496
Kitapta geçtiği hali
ЗЭЩӀЭЩТЭН I (зэщӀещтэ) лъэӀ. (5). ЩӀыпӀэ, щӀыгу с.ху. зыгуэрым зэщӀиубыдэн, иуфэбгъун, щӀигъэнэн, щӀихъумэн. Зауэр и пӀалъэм хуэмызэу ирагъажьэри топ зыгъауэм ялъэкӀ къагъэнакъым, ерпланри бийм ящхьэщымыкӀыу бомбэкӀэ мыхьыр ирагъэхьурэ уи къали сыти умылъагъужу Ӏугъуэмрэ сабэмрэ зэщӀащтауэ Къэрэмырзэ щилъагъум, къэсащ ди пӀалъэр, жиӀэри инэралым епсэлъащ. Лыгъэ, 410–411. Уеблэмэ жэм гъуабжэжьым и кӀэр мылым зэщӀищтауэ къыкӀэрыблэблырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 287. Мес танк гуэрым зигъэбгъунлъэу А члисэм бгъэдокӀуатэ, Къуагъым къуэту Марфэ къоплъэ, Танкым шэхэр тракӀутэ, Сэлэт гуэри мис къопщылӀэ, Ӏугъуэм псори зэщӀищтащ, Бомбэр къоуэ, щӀыр мэлъалъэ, Танкыр псэууэ мис къэнащ, А члисэм егъэпщауэ Танкым топыр игъэуащ, Марфэ щтауэ гузэвауэ И н
ЗЭЩӀЭЩТЭН II (зэщӀэщтащ) лъэмыӀ. (2). Псори ихъуреягъкӀэ щтын, мылым зэщӀиӀулӀэн. – Зэзэмызэ уэс къос. Къесар занщӀэу токӀыжри, аргуэру махуэ дыгъэпсщ. – ЩӀыр зэщӀэмыщтэуи? [Къыдырыр щӀэупщӀащ]. Кхъухь пхэнж, 496. [Кърум жеӀэ:] – Дауэ зэщӀэщтэу! – уэсыр мэткӀужри псынэ мажэ – ефэ урикъуху. Кхъухь пхэнж, 496.