зэщӀэлыдэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэщӀолыдэ)
ЗэщӀэцӀууэн, зэщӀэпщӀэн, дэнэ лъэныкъуэкӀи лыдын.
рузасверкать, заблестеть
Дыщафэу дыгъэм игъэцӀу къуршыщхьэхэр зэщӀэлыдэрт. Т. Хь.
Kitapta geçtiği hali
зэщӀэлыдэн (зэщӀолыдэ) неперех. гл. засверкать, заблестеть / ЗэщӀэцӀууэн, зэщӀэпщӀэн, дэнэ лъэныкъуэкӀи лыдын. Дыщафэу дыгъэм игъэцӀу къуршыщхьэхэр зэщӀэлыдэрт. Т. Хь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэщӀолыдэ)
ЗэщӀэпщӀыпщӀэн, дэнэ лъэныкъуэкӀи лыдын.
«Къэрал пхъуантэр» зэщӀэлыдэрт, ӀункӀыбзэ илъхьэпӀэр хужьыбзэт, къу хэлърэ убыдыпӀэ хужьыбзэ иӀэу, бжэр къыщыӀупхкӀэ «дзын-дзындзын» жиӀэу, сыхьэтыр къызэреуэм ещхьу, музыкэ дахэ къеуэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 215
+2 örnek
АдэкӀэ уплъэмэ, къуршыщхьэ хужьхэр зэщӀэлыдэрт.— Нал къута, 270
Нэхъ нэжэгужэ къэхъужауэ хадэм здисым [Шаукат] зиплъыхьмэ, унэ зэтетыр къабзэу зэлъыӀухащ, Ӏэхуитлъэхуитщ, щхьэгъубжэр зэщӀолыдэ, щхьэгуэуи щӀащи, унащхьэм джэгу щыпщӀ хъун хуэдизу инщ, пщӀантӀэ кӀуэцӀым жыг хъарзынэхэр зэмылӀэужьыгъуэу дэтщ, жыг щӀагъыр жьыщӀэхущ, бассейн тӀэкӀуи псы
Kitapta geçtiği hali
ЗЭЩӀЭЛЫДЭН (зэщӀолыдэ) лъэмыӀ. (12). ЗэщӀэпщӀыпщӀэн, дэнэ лъэныкъуэкӀи лыдын. «Къэрал пхъуантэр» зэщӀэлыдэрт, ӀункӀыбзэ илъхьэпӀэр хужьыбзэт, къу хэлърэ убыдыпӀэ хужьыбзэ иӀэу, бжэр къыщыӀупхкӀэ «дзын-дзындзын» жиӀэу, сыхьэтыр къызэреуэм ещхьу, музыкэ дахэ къеуэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 215. АдэкӀэ уплъэмэ, къуршыщхьэ хужьхэр зэщӀэлыдэрт. Нал къута, 270. Нэхъ нэжэгужэ къэхъужауэ хадэм здисым [Шаукат] зиплъыхьмэ, унэ зэтетыр къабзэу зэлъыӀухащ, Ӏэхуитлъэхуитщ, щхьэгъубжэр зэщӀолыдэ, щхьэгуэуи щӀащи, унащхьэм джэгу щыпщӀ хъун хуэдизу инщ, пщӀантӀэ кӀуэцӀым жыг хъарзынэхэр зэмылӀэужьыгъуэу дэтщ, жыг щӀагъыр жьыщӀэхущ, бассейн тӀэкӀуи псы