зэщӀэкӀэжын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэщӀокӀэж)
1. Зыгуэр къэкӀыгъэ Ӏувым зэщӀищтэн, пщӀэней хъун.
Уи къуитӀым хамэм я хадэ япщӀэ, уэ уи хадэр зыпщӀэн щымыӀэу нартыху-мэкъуу зэщӀэкӀэжащ.— Нэгъуху, 21
+1 örnek
Нартыхур зэщӀэкӀэжащ, - жиӀэри Елдар хадэ ипщӀэну ежьэжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 133
2. Цы кӀыр, цы Ӏув зыгуэрым къытекӀэн.
[Алыджыкъуэ:] ЛӀым и нэкӀур зэщӀэкӀэжат, и пэшхуэри пыущхъуэнтӀыкӀат, и нэ фӀыцӀэшхуитӀым сыщӀэплъэмэ, «емынэм укъихуа – мыбы нэс щхьэ укъэджэда?», – жиӀэ хуэдэу къысфӀэщӀащ.— МелыӀыч, 450
+1 örnek
Степан Ильич и фэр шэхум хуэдэу пыкӀат, и жьакӀэ плъыжьыфэр хьэлчу зэщӀэкӀэжат.— Хъуэпсэгъуэ нур, 280
Kitapta geçtiği hali
ЗЭЩӀЭКӀЭЖЫН (зэщӀокӀэж) лъэмыӀ. (4). 1. (2). Зыгуэр къэкӀыгъэ Ӏувым зэщӀищтэн, пщӀэней хъун. Уи къуитӀым хамэм я хадэ япщӀэ, уэ уи хадэр зыпщӀэн щымыӀэу нартыху-мэкъуу зэщӀэкӀэжащ. Нэгъуху, 21. Нартыхур зэщӀэкӀэжащ, - жиӀэри Елдар хадэ ипщӀэну ежьэжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 133. 2. (2). Цы кӀыр, цы Ӏув зыгуэрым къытекӀэн. [Алыджыкъуэ:] ЛӀым и нэкӀур зэщӀэкӀэжат, и пэшхуэри пыущхъуэнтӀыкӀат, и нэ фӀыцӀэшхуитӀым сыщӀэплъэмэ, «емынэм укъихуа – мыбы нэс щхьэ укъэджэда?», – жиӀэ хуэдэу къысфӀэщӀащ. МелыӀыч, 450. Степан Ильич и фэр шэхум хуэдэу пыкӀат, и жьакӀэ плъыжьыфэр хьэлчу зэщӀэкӀэжат. Хъуэпсэгъуэ нур, 280.