зэщӀэгъэстын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэщӀегъэст)
1. ЩӀын, зэщӀэгъэнэн (мафӀэ). Абы хьэкур зэщӀегъэст. Хь. Хь.
руразжечь, раздуть (напр. огонь)
2. Ублэн, зэщӀэгъэплъэн (зауэ). Бэм я биижьхэм мафӀэу зауэщӀэр ЗэщӀагъэстынхэу щӀобэн. Сов. Къэб. ифольк. Къазий Мухьэмэд псэлъащ гуащӀэу.. бгырыс лӀыжьхэр зэщӀтгъэсту. Ш. А.
руразжечь что-л. (напр. войну, ссору)
Kitapta geçtiği hali
зэщӀэгъэстын (зэщӀегъэст) перех. гл. 1. разжечь, раздуть (напр. огонь) / ЩӀын, зэщӀэгъэнэн (мафӀэ). Абы хьэкур зэщӀегъэст. Хь. Хь. 2. переносное разжечь что-л. (напр. войну, ссору) / Ублэн, зэщӀэгъэплъэн (зауэ). Бэм я биижьхэм мафӀэу зауэщӀэр ЗэщӀагъэстынхэу щӀобэн. Сов. Къэб. ифольк. Къазий Мухьэмэд псэлъащ гуащӀэу.. бгырыс лӀыжьхэр зэщӀтгъэсту. Ш. А.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэщӀегъэст)
ЗэщӀэгъэнэн.
Арыншэми ебгъаджэ фызыр нэкӀэ къоплъыркъым, укъызэрилъагъуу пэгунитӀ къещтэри псыхьэ макӀуэ, къигъэзэжмэ, пхъэ екъутэ, мафӀэр зэщӀегъэст, Ӏусыпс фӀедзэ, шхын егъэхьэзыр, унэр зэлъыӀуех, хьэкъущыкъу етхьэщӀ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа. 528. Жьэгум илъ мафӀэр зэрызэщӀагъэсту, унэ блыным ныбжь къуацэ зыбжанэ къыкӀэридзащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 262
+1 örnek
Албиянрэ Апчарэрэ къэкӀуэжу я Ӏэуэлъауэ макъ щызэхихым, [Хьэбибэ] гъыным пригъэчащ, жьэгу пащхьэм деж тӀысащ мафӀэр зэщӀигъэсту: си нэпсыр Ӏугъуэм къыщӀихуа я гугъэнщ, жыхуиӀэу.— Щынэхужьыкъуэ, 34
Kitapta geçtiği hali
ЗЭЩӀЭГЪЭСТЫН (зэщӀегъэст) лъэӀ. (10). ЗэщӀэгъэнэн. Арыншэми ебгъаджэ фызыр нэкӀэ къоплъыркъым, укъызэрилъагъуу пэгунитӀ къещтэри псыхьэ макӀуэ, къигъэзэжмэ, пхъэ екъутэ, мафӀэр зэщӀегъэст, Ӏусыпс фӀедзэ, шхын егъэхьэзыр, унэр зэлъыӀуех, хьэкъущыкъу етхьэщӀ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа. 528. Жьэгум илъ мафӀэр зэрызэщӀагъэсту, унэ блыным ныбжь къуацэ зыбжанэ къыкӀэридзащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 262. Албиянрэ Апчарэрэ къэкӀуэжу я Ӏэуэлъауэ макъ щызэхихым, [Хьэбибэ] гъыным пригъэчащ, жьэгу пащхьэм деж тӀысащ мафӀэр зэщӀигъэсту: си нэпсыр Ӏугъуэм къыщӀихуа я гугъэнщ, жыхуиӀэу. Щынэхужьыкъуэ, 34.