зэщӀэгъуэгэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэщӀогъуагэ)
Зэуэ гъуэгын, гъын, зэщӀэкъугъэн.
рузаплакать, завыть, заголосить одновременно (о многих)
Сабийхэр зэщӀокъугъэ.
Kitapta geçtiği hali
зэщӀэгъуэгэн (зэщӀогъуагэ) неперех. гл. заплакать, завыть, заголосить одновременно (о многих) / Зэуэ гъуэгын, гъын, зэщӀэкъугъэн. Сабийхэр зэщӀокъугъэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэщӀогъуагэ)
Псори зэгъусэу, зэуэ гъын, зэдэгъын.
Къэралым естын гъавэ сиӀэкъым, къысхуэнам си бынунэр шхын щхьэкӀэ мылӀэу гъэм тригъэхьэн къудейщ, жызыӀэу къуажэм дэсым лӀищ къыхабжыкӀри ягъэтӀысащ, я дум илъмэ, кърахрэ я гуэнри къыщатӀэщӀым фызхэр, сабийхэр зэщӀэгъуагэурэ хьэблэр къызэхуашэсащ.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 524
+2 örnek
Модрей къомри зэщӀэгъуагэу зэрыгъэкӀий щыхъум, гъы нэпцӀ кърагъэжьар нэхъри я гум щӀыхьэжауэ я фӀэщыпэу пыхьэу, зэрыгъэкӀийуэ щӀадзащ.— Лъапсэ, 42
ЦӀыхубзымрэ сабиймрэ [мэжджытым] щӀэзу зэщӀэгъуагэрт, щысыр щысу, щытыр щыту, уӀэгъэ хъуари абы къашэурэ къыщӀалъхьэрт.— Кхъэлэгъунэ, 378
Kitapta geçtiği hali
ЗЭЩӀЭГЪУЭГЭН (зэщӀогъуагэ) лъэмыӀ. (13). Псори зэгъусэу, зэуэ гъын, зэдэгъын. Къэралым естын гъавэ сиӀэкъым, къысхуэнам си бынунэр шхын щхьэкӀэ мылӀэу гъэм тригъэхьэн къудейщ, жызыӀэу къуажэм дэсым лӀищ къыхабжыкӀри ягъэтӀысащ, я дум илъмэ, кърахрэ я гуэнри къыщатӀэщӀым фызхэр, сабийхэр зэщӀэгъуагэурэ хьэблэр къызэхуашэсащ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 524. Модрей къомри зэщӀэгъуагэу зэрыгъэкӀий щыхъум, гъы нэпцӀ кърагъэжьар нэхъри я гум щӀыхьэжауэ я фӀэщыпэу пыхьэу, зэрыгъэкӀийуэ щӀадзащ. Лъапсэ, 42. ЦӀыхубзымрэ сабиймрэ [мэжджытым] щӀэзу зэщӀэгъуагэрт, щысыр щысу, щытыр щыту, уӀэгъэ хъуари абы къашэурэ къыщӀалъхьэрт. Кхъэлэгъунэ, 378.