зэщыджэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэщоджэ)
Хуабжьу, ину гъын.
рурыдать, плакать навзрыд
Хъалил гъыурэ езэша пэтми, итӀани зэщыджэрт. Гъу. Хъу. Япэм хуэдэу ауэ зэщыджэхэу, нэпсыр ӀэкӀэ иралъэщӀэкӀыу цӀыхубзхэр унэм щӀыхьэжащ. Т. Хь.
Kitapta geçtiği hali
зэщыджэн (зэщоджэ) неперех. гл. рыдать, плакать навзрыд / Хуабжьу, ину гъын. Хъалил гъыурэ езэша пэтми, итӀани зэщыджэрт. Гъу. Хъу. Япэм хуэдэу ауэ зэщыджэхэу, нэпсыр ӀэкӀэ иралъэщӀэкӀыу цӀыхубзхэр унэм щӀыхьэжащ. Т. Хь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэщоджэ)
Хуабжьу, ину гъын.
Дунеишхуэм пшэр я тепщэ къыпфӀагъэщӀу, зэщыджащ.— Губгъуэ щхъуантӀэм пыӀэр къинэу… Батырыбжьэ, 10
+2 örnek
Уа жылэ, – жиӀэри къэджащ Берд, арщхьэкӀэ абы и псалъэм хэт едэӀуэнт, лӀыжьхэм я щхьэ ягъэсысу, хэти ӀэщхьэкӀэ и нэпсыр щӀилъэщӀыкӀыу, хэти и пыӀэр и нэкӀум Ӏуилъхьауэ, и щхьэц хужьым уэс тесэр уимыгъэлъагъуу зэщыджэрт, хьэдиплӀ я пащхьэм илъыр я гум щӀыхьауэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 294
Саният зэщыджэрт: – Сыгъыркъым, си дэлъхухэр слъагъужынукъыми аращ…— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 668
Kitapta geçtiği hali
ЗЭЩЫДЖЭН (зэщоджэ) лъэмыӀ. (5). Хуабжьу, ину гъын. Дунеишхуэм пшэр я тепщэ къыпфӀагъэщӀу, зэщыджащ. Губгъуэ щхъуантӀэм пыӀэр къинэу… «Батырыбжьэ», 10. Уа жылэ, – жиӀэри къэджащ Берд, арщхьэкӀэ абы и псалъэм хэт едэӀуэнт, лӀыжьхэм я щхьэ ягъэсысу, хэти ӀэщхьэкӀэ и нэпсыр щӀилъэщӀыкӀыу, хэти и пыӀэр и нэкӀум Ӏуилъхьауэ, и щхьэц хужьым уэс тесэр уимыгъэлъагъуу зэщыджэрт, хьэдиплӀ я пащхьэм илъыр я гум щӀыхьауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 294. Саният зэщыджэрт: – Сыгъыркъым, си дэлъхухэр слъагъужынукъыми аращ… Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 668.