зэщыгуфӀыкӀыу
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ЗэхуэгуфӀэу, гуапэу зэплъу.
Иналрэ Къазджэрийрэ зэфӀкъым, игъащӀэми зоныкъуэкъу, жаӀэу куэдым къапсэлъу щытами, иджы мес еплъ, тӀури зы машинэм ису гъуэгу тетщ, ауэ, нобэ Лу къызэрыфӀэщӀым хуэдэу, а лӀитӀыр зэщыгуфӀыкӀыу къэгъуэгурыкӀуакъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 527
+2 örnek
Псори къэтэджри я Ӏэр зэрыубыдащ зэщыгуфӀыкӀыу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 225
И псэри тыншыжат [Абу-Дериуш], мы дунейм зигу хэщӀ темытыжу, дыгъуасэ лъы зыгъэжахэр, бжьэцу зэрызехьар зэкӀужарэ я Ӏэпэр зэрыӀыгъыу зэщыгуфӀыкӀыу къеуджэкӀыу, зэкъуэш-зэшыпхъущ жыпӀэну зэхуэгумащӀэу, мэзым щӀэт жыг зэмылӀэужьыгъуэхэр зэрызэзэгъым хуэдэу зым и зэран адрейм емыкӀыу, къуалэбзухэм ещхьыркъабзэу щхьэж и бзэмкӀэ езым фӀэфӀ уэрэдыр жиӀэмэ, я бзэ зэрыщӀэ къыпфӀэщӀу.— Кхъэлэгъунэ, 380
Kitapta geçtiği hali
ЗЭЩЫГУФӀЫКӀЫУ (3). нареч. ЗэхуэгуфӀэу, гуапэу зэплъу. Иналрэ Къазджэрийрэ зэфӀкъым, игъащӀэми зоныкъуэкъу, жаӀэу куэдым къапсэлъу щытами, иджы мес еплъ, тӀури зы машинэм ису гъуэгу тетщ, ауэ, нобэ Лу къызэрыфӀэщӀым хуэдэу, а лӀитӀыр зэщыгуфӀыкӀыу къэгъуэгурыкӀуакъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 527. Псори къэтэджри я Ӏэр зэрыубыдащ зэщыгуфӀыкӀыу. Хъуэпсэгъуэ нур, 225. И псэри тыншыжат [Абу-Дериуш], мы дунейм зигу хэщӀ темытыжу, дыгъуасэ лъы зыгъэжахэр, бжьэцу зэрызехьар зэкӀужарэ я Ӏэпэр зэрыӀыгъыу зэщыгуфӀыкӀыу къеуджэкӀыу, зэкъуэш-зэшыпхъущ жыпӀэну зэхуэгумащӀэу, мэзым щӀэт жыг зэмылӀэужьыгъуэхэр зэрызэзэгъым хуэдэу зым и зэран адрейм емыкӀыу, къуалэбзухэм ещхьыркъабзэу щхьэж и бзэмкӀэ езым фӀэфӀ уэрэдыр жиӀэмэ, я бзэ зэрыщӀэ къыпфӀэщӀу. Кхъэлэгъунэ, 380.