зэшын
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ПЭН (МАПЭ); ыгу/игу ПЭН (~ МАПЭ); зэщын/зэшын (мэзэщы/мэзэш); езэщын/езэшын (езэщы/йозэш); зэгуэпын (зэгуоп); бампӀэн (мэбампӀэ); УКӀЫТЭН (МЭУКӀЫТЭ); SIKILMAK
зэщын/зэшын → ПЭН; SIKILMAK
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: пэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(мэзэш)
И нэгу зимыужьын.
рускучать, тосковать по кому-чему-л.
Сэ созэшыр зэхэзмыхым махуэ Уи бзэ ӀэфӀу зэкъуэш дэ дызыщӀар. Къэб. п. и ант. ЛӀыжьыр и закъуэу къэнащи, мэзэш. Ӏуащхь.
Kitapta geçtiği hali
зэшын (мэзэш) неперех. гл. скучать, тосковать по кому-чему-л. / И нэгу зимыужьын. Сэ созэшыр зэхэзмыхым махуэ Уи бзэ ӀэфӀу зэкъуэш дэ дызыщӀар. Къэб. п. и ант. ЛӀыжьыр и закъуэу къэнащи, мэзэш. Ӏуащхь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(мэзэш)
И нэгу зимыужьын, гукъыдэжыншэу щытын.
Гуп зыгъэгупыр гуп и уасэщ, жаӀэу Жыраслъэн Ӏэджэрэ къыщотхъу, сыту жыпӀэмэ гупыр зэшу, жаӀэн ямыгъуэту зэхэсу Жыраслъэн къахыхьэмэ, псори нэжэгужэ мэхъу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 85
+2 örnek
Зы махуэ си гур згъэпыӀакъым, Сэ гъуэгу сытету сымызэш, Зэуэн сэ си псэр щызгъэщӀакъым – Сосрыкъуэ лъыкӀэ срикъуэшщ.— ЖыӀэт, мыпхуэдэу щхьэ сызэшрэ. «Шум и гъуэгу», 47
ЛӀыжь зэшари гушыӀэншэщ, Шхын щымыщӀэу ар псэуфмэ, И пхъум Ӏэджэ къыбжиӀэнщ, Ӏуэху блэкӀахэмкӀэ уеупщӀмэ.— Бдзэжьеящэм ипхъу, 146
Kitapta geçtiği hali
ЗЭШЫН (мэзэш) лъэмыӀ. (7). И нэгу зимыужьын, гукъыдэжыншэу щытын. Гуп зыгъэгупыр гуп и уасэщ, жаӀэу Жыраслъэн Ӏэджэрэ къыщотхъу, сыту жыпӀэмэ гупыр зэшу, жаӀэн ямыгъуэту зэхэсу Жыраслъэн къахыхьэмэ, псори нэжэгужэ мэхъу. Хъуэпсэгъуэ нур, 85. Зы махуэ си гур згъэпыӀакъым, Сэ гъуэгу сытету сымызэш, Зэуэн сэ си псэр щызгъэщӀакъым – Сосрыкъуэ лъыкӀэ срикъуэшщ. ЖыӀэт, мыпхуэдэу щхьэ сызэшрэ. «Шум и гъуэгу», 47. ЛӀыжь зэшари гушыӀэншэщ, Шхын щымыщӀэу ар псэуфмэ, И пхъум Ӏэджэ къыбжиӀэнщ, Ӏуэху блэкӀахэмкӀэ уеупщӀмэ. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 146.