зэш

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

1. Зэкъуэш, зы адэ-анэм къалъхуа цӀыхухъухэр, зэӀыхьлыхэр.

рубратья (по отношению друг к другу)

Зэгуэрым выр псым яхуну зэшищым унафэ ящӀащ. Дыщэ кӀ.

2. Зы Ӏуэху еплъыкӀэ зиӀэхэр, зэфӀыжыӀэгъухэр.

рудрузья

Зэшхэр зэуэ къызэдолъри, пщым еуэныр щӀыдодзэр. П. Б.

Ӏуэхуншагъэм, гукъыдэж зэримыӀэм, зыгуэрым къыхуэтыныгъэм къыхэкӀыу бэмпӀэн.

рускука, тоска

ФӀыуэ слъагъуми кӀуэ и деж, дахэм зэшыр хъуэгъэкӀуэд. КӀ. А.

Bu maddedeki ifadeler (2)

{и} зэш тегъэун

руразвлечься, развеять тоску.

ЛӀыжьыр и закъуэу къэнащи мэзэш. И зэш тезыгъэууэ къыхуэнар Викторрэ КӀукӀуэрэщ. Ӏуащхь.

зэш теупӀэ щӀын

русделать кого-что-л. объектом развлечения.

Пэжу пӀэрэ фэхэм жыфӀэр е гушыӀэм къыхэфха? Е дахащэу тхьэӀухудхэм зэш теупӀэ сыкъэфщӀа? Акъ. З.

Kitapta geçtiği hali

зэш I 1. братья (по отношению друг к другу) / Зэкъуэш, зы адэ-анэм къалъхуа цӀыхухъухэр, зэӀыхьлыхэр. Зэгуэрым выр псым яхуну зэшищым унафэ ящӀащ. Дыщэ кӀ. 2. переносное друзья / Зы Ӏуэху еплъыкӀэ зиӀэхэр, зэфӀыжыӀэгъухэр. Зэшхэр зэуэ къызэдолъри, пщым еуэныр щӀыдодзэр. П. Б. II скука, тоска / Ӏуэхуншагъэм, гукъыдэж зэримыӀэм, зыгуэрым къыхуэтыныгъэм къыхэкӀыу бэмпӀэн. ФӀыуэ слъагъуми кӀуэ и деж, дахэм зэшыр хъуэгъэкӀуэд. КӀ. А. {И} зэш тегъэун развлечься, развеять тоску. ЛӀыжьыр и закъуэу къэнащи мэзэш. И зэш тезыгъэууэ къыхуэнар Викторрэ КӀукӀуэрэщ. Ӏуащхь. Зэш теупӀэ щӀын сделать кого-что-л. объектом развлечения. Пэжу пӀэрэ фэхэм жыфӀэр е гушыӀэм къыхэфха? Е дахащэу тхьэӀухудхэм зэш теупӀэ сыкъэфщӀа? Акъ. З.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Зэкъуэш, адэ-анэкӀэ, е тӀум языхэзкӀэ зы цӀыхухъухэр.

Сыт лъэпкъи ирехъуи, мэкъумэшыщӀэхэр, рабочэхэр зэшщ, диныр аракъым цӀыхур зэкъуэш зыщӀыр, зэдэлэжьэныр аращ, рабочэ муслъымэныр рабочэ чристэным и къуэшщ, муслъымэн къулейсызыр джаур помещикым жыжьэу зригъэкӀуэлӀэнукъым, ауэ пщымрэ помещикымрэ зэфӀынущ, я диныр зырызми.— Хъуэпсэгъуэ нур, 177

+2 örnek

«Дызэшщ, зы хэкум дэ дипӀауэ», – Алъхъо жэуапу ар итащ.— ЗэкъуэшитӀ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 19

А пщэдджыжьым нэху зэрыщу, ШыщӀэ цӀыкӀури ину щыщри, Жейм хэтахэр къэушахэу, Елбэздыкъуэри ешауэ, Щызэхуозэр зэшхэр пщӀантӀэм. «— Елбэздыкъуэ, 6

Deyimler (1)

зэш тегъэун

Уи нэгу зегъэужьын.

Жансэхъу зыпылъ хъыджэбзым деж кӀуащ, и зэш тригъэуну.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 553

+2 örnek

[Алыджыкъуэ:] Иджыпстуи сакӀэлъоплъри, куэзыр джэгухэм я зэш трагъэууэ аракъым, я джэгукӀэм щӀагъыбзэ хэлъщ, къикӀыр езыхэм фӀэкӀа, нэгъуэщӀым къагурымыӀуэну.— МелыӀыч, 453

Си .

Kitapta geçtiği hali

ЗЭШ (20). Зэкъуэш, адэ-анэкӀэ, е тӀум языхэзкӀэ зы цӀыхухъухэр. Сыт лъэпкъи ирехъуи, мэкъумэшыщӀэхэр, рабочэхэр зэшщ, диныр аракъым цӀыхур зэкъуэш зыщӀыр, зэдэлэжьэныр аращ, рабочэ муслъымэныр рабочэ чристэным и къуэшщ, муслъымэн къулейсызыр джаур помещикым жыжьэу зригъэкӀуэлӀэнукъым, ауэ пщымрэ помещикымрэ зэфӀынущ, я диныр зырызми. Хъуэпсэгъуэ нур, 177. «Дызэшщ, зы хэкум дэ дипӀауэ», – Алъхъо жэуапу ар итащ. ЗэкъуэшитӀ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 19. А пщэдджыжьым нэху зэрыщу, ШыщӀэ цӀыкӀури ину щыщри, Жейм хэтахэр къэушахэу, Елбэздыкъуэри ешауэ, Щызэхуозэр зэшхэр пщӀантӀэм. «Елбэздыкъуэ», 6. ◊ Зэш тегъэун (6). Уи нэгу зегъэужьын. Жансэхъу зыпылъ хъыджэбзым деж кӀуащ, и зэш тригъэуну. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 553. [Алыджыкъуэ:] Иджыпстуи сакӀэлъоплъри, куэзыр джэгухэм я зэш трагъэууэ аракъым, я джэгукӀэм щӀагъыбзэ хэлъщ, къикӀыр езыхэм фӀэкӀа, нэгъуэщӀым къагурымыӀуэну. МелыӀыч, 453. Си .

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

usanç

Düzeltme Öner

зэш
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.