зэхэхыжын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(зэхехыж)

Уэр щхьэкӀэ жаӀа зыгуэр уи деж къэсыжын.

рууслышать, узнать что-л., сказанное за глаза

Псалъэмакъ зэхэхыжын.

(зэхехыж)

1. Зэхэлъхьа гуэр щхьэхуэ щӀыжын, щхьэж ейр къищтэжын, зэхэщыпыкӀыжын.

руснова разобрать, рассортировать что-л. (напр. вещи)

Хьэпшыпыр зэхэхыжын. Щыгъынхэр зэхэхыжын. ЖьыщӀыгъэр зэхэхыжын. Биболэт шыхэм ябгъэдыхьэри ягу фӀы яхуищӀу я пщэбгъум теуӀуащ, вожэ зэхэзэрыхьар зэхихыжащ.

2. Ӏуэху зэхэзэрыхьа, зэӀыщӀа гуэр зэӀыхыжын, зэӀубз щӀыжын.

рураспутать что-л. (напр. дело)

Ӏуэху зэӀыхьар зэхэхыжын.

Kitapta geçtiği hali

зэхэхыжын I (зэхехыж) перех. гл. услышать, узнать что-л., сказанное за глаза / Уэр щхьэкӀэ жаӀа зыгуэр уи деж къэсыжын. Псалъэмакъ зэхэхыжын. II (зэхехыж) 1. снова разобрать, рассортировать что-л. (напр. вещи) / Зэхэлъхьа гуэр щхьэхуэ щӀыжын, щхьэж ейр къищтэжын, зэхэщыпыкӀыжын. Хьэпшыпыр зэхэхыжын. Щыгъынхэр зэхэхыжын. ЖьыщӀыгъэр зэхэхыжын. Биболэт шыхэм ябгъэдыхьэри ягу фӀы яхуищӀу я пщэбгъум теуӀуащ, вожэ зэхэзэрыхьар зэхихыжащ. 2. распутать что-л. (напр. дело) / Ӏуэху зэхэзэрыхьа, зэӀыщӀа гуэр зэӀыхыжын, зэӀубз щӀыжын. Ӏуэху зэӀыхьар зэхэхыжын.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зэхехыж)

1. ИужькӀэ зыгуэр тхьэкӀумэм къиӀуэжын.

– Нанэ зыгуэр жиӀэрт, арщхьэкӀэ Лу сымэ зэрехьэжьауэ щӀэпхъуэри зыри зэхахыжакъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 284

+1 örnek

Машинэр нэхъ щэху хъуат, ауэ ищӀагъым Буруныпс щыгъуахъуэрти, Лу абдежым зыгуэр жиӀами, Инал зэхихыжынутэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 536

2. Хъыбар гуэр зэман дэкӀауэ къыпӀэрыхьэжын.

Мэмэт-щӀакъуэри хъуэхъуэну къэтэджащ, Ӏэтащхьэм зэхихыжмэ, и гуапэ хъун гуэр жиӀэну, арщхьэкӀэ чэф хъуа къомыр даӀуэрткъым, къызэщӀэвауэ, щхьэж зыхуейр жиӀэрт…— Лъапсэ, 46

+2 örnek

Дзэлыкъуэ зауэм зэрыхэтам папщӀэ Елдар и адэр зэрагъэкӀуэдар псоми ящӀэми, и адэм и хъыбар пэж нобэ фӀэкӀа Елдар зэхихыжатэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 204

Иджы абы утепсэлъыхьынур Нартыхум и дежкӀэ къезэгъыртэкъым, я гъунэгъум зэхахыжмэ (ар зэхамыхыжынуи Ӏэмал иӀэ), и хэкум щымыщыж къуажэм къокӀуэри цӀыхур къегъэбырсей жаӀэнут...— Лъапсэ, 74

Kitapta geçtiği hali

ЗЭХЭХЫЖЫН (зэхехыж) лъэӀ. (7). 1. (2). ИужькӀэ зыгуэр тхьэкӀумэм къиӀуэжын. – Нанэ зыгуэр жиӀэрт, арщхьэкӀэ Лу сымэ зэрехьэжьауэ щӀэпхъуэри зыри зэхахыжакъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 284. Машинэр нэхъ щэху хъуат, ауэ ищӀагъым Буруныпс щыгъуахъуэрти, Лу абдежым зыгуэр жиӀами, Инал зэхихыжынутэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 536. 2. (5). Хъыбар гуэр зэман дэкӀауэ къыпӀэрыхьэжын. Мэмэт-щӀакъуэри хъуэхъуэну къэтэджащ, Ӏэтащхьэм зэхихыжмэ, и гуапэ хъун гуэр жиӀэну, арщхьэкӀэ чэф хъуа къомыр даӀуэрткъым, къызэщӀэвауэ, щхьэж зыхуейр жиӀэрт… Лъапсэ, 46. Дзэлыкъуэ зауэм зэрыхэтам папщӀэ Елдар и адэр зэрагъэкӀуэдар псоми ящӀэми, и адэм и хъыбар пэж нобэ фӀэкӀа Елдар зэхихыжатэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 204. Иджы абы утепсэлъыхьынур Нартыхум и дежкӀэ къезэгъыртэкъым, я гъунэгъум зэхахыжмэ (ар зэхамыхыжынуи Ӏэмал иӀэ), и хэкум щымыщыж къуажэм къокӀуэри цӀыхур къегъэбырсей жаӀэнут... Лъапсэ, 74.

Düzeltme Öner

зэхэхыжын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.