зэхэутэн
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ЗЭХЭУТЭН, УТЭН; KARIŞTIRMAK (berbat etmek, harcı karmak, yumurtayı çırpmak)
УТЭН (ЕУТЭ); ЗЭХЭУТЭН (ЗЭХЕУТЭ); KARIŞTIRMAK (berbat etmek, harcı karmak, yumurtayı çırpmak)
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэхеутэ)
1. Мэкъу пымыупщӀ, мэш сыт хуэдэхэр хыхьауэ лъабжьэкӀэ хьэлэч щӀын, щӀыпӀэ куэд утэн.
рувытоптать что-л. (напр. луг, поле)
Шыхэр хыхьэри мэкъу кӀырыр хьэлэчу зэхаутащ.
2. ЛъакъуэкӀэ зыгуэр зэхэпщэн, зэхэгъэзэрыхьын, зэӀыщӀэурэ утэн (ятӀэ). Хукхъуэрэ ятӀэрэ зэхэутэн.
руизмять, измесить что-л. ногами
3. ФӀей щӀын, уцӀэпӀа хъун.
руиспачкать, загрязнить что-л. (напр. одежду)
4. Гъэпудын, гъэикӀэн.
руунижать, топтать кого-что-л.
{Мурат ХьэматӀ зыхуегъазэри:} -Уэ зыри жыпӀэркъыми? {ХьэматӀ:} -Сэ сыт жысӀэн? Сэ жысӀэри, си унафэри, си щхьэри лъэгущӀэтын пщӀауэ зэхоутэ. Къ. Хь.
Kitapta geçtiği hali
зэхэутэн (зэхеутэ) перех. гл. 1. вытоптать что-л. (напр. луг, поле) / Мэкъу пымыупщӀ, мэш сыт хуэдэхэр хыхьауэ лъабжьэкӀэ хьэлэч щӀын, щӀыпӀэ куэд утэн. Шыхэр хыхьэри мэкъу кӀырыр хьэлэчу зэхаутащ. 2. измять, измесить что-л. ногами / ЛъакъуэкӀэ зыгуэр зэхэпщэн, зэхэгъэзэрыхьын, зэӀыщӀэурэ утэн (ятӀэ). Хукхъуэрэ ятӀэрэ зэхэутэн. 3. испачкать, загрязнить что-л. (напр. одежду) / ФӀей щӀын, уцӀэпӀа хъун. 4. переносное унижать, топтать кого-что-л. / Гъэпудын, гъэикӀэн. {Мурат ХьэматӀ зыхуегъазэри:} -Уэ зыри жыпӀэркъыми? {ХьэматӀ:} -Сэ сыт жысӀэн? Сэ жысӀэри, си унафэри, си щхьэри лъэгущӀэтын пщӀауэ зэхоутэ. Къ. Хь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэхеутэ)
1.
ЛъакъуэкӀэ ихын, хьэлэч щӀын. Къадым дэтхэнэ фелахьми зыгуэр пеубыд: зым и хьэр банэурэ уигъэжейркъым, зым адакъэ куэдыщэ иӀэщи, мычэму маӀуэ, зым и шыдыр и хадэм йохьэри зэхеутэ.— Аргъуей, 385
+2 örnek
Зеплъыхьри а щӀыпӀэм зауэ зэрыщекӀуэкӀар ӀупщӀщ, танкым, топышэм щӀыр зэхавыхьащ, гуэдзри зэхэута хъуащ.— Нал къута, 241
Пэжыр, напэр, хабзэр хьэсэпэ бжыхькъым, мывэ сэрейкӀэ къэпщӀыхьами, зэхамыутэу пхуэхъумэн?— Хьэсэпэхъумэ, 418
2. ЛъакъуэкӀэ зыгуэр зэхэпщэн, зэхэгъэзэрыхьын.
КъэпкӀэ ятӀагъуэ и щӀыбым илъу къихьурэ, хукхъуэри, вэнвейри, псыри лъащхьэдэхьеяуэ ятӀэр зэхиутащ.— ГущӀэгъу, 420
+1 örnek
ЩӀалэ цӀыкӀухэр зэрыгъэдыхьэшхыу, афицарым зифыщӀыжу хъущӀэу, зэ зым бгъэдэлъадэрэ ехъуэну, и ӀэштӀымыр игъэдалъэу, сэлэтхэри къэгубжьауэ я нэм щӀы имылъагъужу, къагурыӀуэми къагурымыӀуэу зыкъыфӀагъэщӀу къаущыхьырт, уэсыр зэхаутэу.— Хъуэпсэхъуэ нур, 301
Kitapta geçtiği hali
ЗЭХЭУТЭН (зэхеутэ) лъэӀ. (5). 1. (3). ЛъакъуэкӀэ ихын, хьэлэч щӀын. Къадым дэтхэнэ фелахьми зыгуэр пеубыд: зым и хьэр банэурэ уигъэжейркъым, зым адакъэ куэдыщэ иӀэщи, мычэму маӀуэ, зым и шыдыр и хадэм йохьэри зэхеутэ. Аргъуей, 385. Зеплъыхьри а щӀыпӀэм зауэ зэрыщекӀуэкӀар ӀупщӀщ, танкым, топышэм щӀыр зэхавыхьащ, гуэдзри зэхэута хъуащ. Нал къута, 241. Пэжыр, напэр, хабзэр хьэсэпэ бжыхькъым, мывэ сэрейкӀэ къэпщӀыхьами, зэхамыутэу пхуэхъумэн? Хьэсэпэхъумэ, 418. 2. (2). ЛъакъуэкӀэ зыгуэр зэхэпщэн, зэхэгъэзэрыхьын. КъэпкӀэ ятӀагъуэ и щӀыбым илъу къихьурэ, хукхъуэри, вэнвейри, псыри лъащхьэдэхьеяуэ ятӀэр зэхиутащ. ГущӀэгъу, 420. ЩӀалэ цӀыкӀухэр зэрыгъэдыхьэшхыу, афицарым зифыщӀыжу хъущӀэу, зэ зым бгъэдэлъадэрэ ехъуэну, и ӀэштӀымыр игъэдалъэу, сэлэтхэри къэгубжьауэ я нэм щӀы имылъагъужу, къагурыӀуэми къагурымыӀуэу зыкъыфӀагъэщӀу къаущыхьырт, уэсыр зэхаутэу. Хъуэпсэхъуэ нур, 301.