зэхэувэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэхоувэ)
Зэхэту увын, гупу зэхэхьэн.
рувстать, собраться в одном месте (о многих)
Дерсыр яухыу загъэпсэхуну цӀыкӀухэр классым къыщыщӀэкӀым, зыкъомыр зэдауэу зэхэуващ, мафӀэгум вы е шы щӀэмыщӀауэ дауэ кӀуэрэ жаӀэу. КӀ. А. {ХакӀуэм} и щхьэр лъагэу иӀэтри ину щыщащ. Шыбзхэр зэрыгъэсакъри гуэрэну зэхэуващ. КӀ. А., Акъ. З.
Kitapta geçtiği hali
зэхэувэн (зэхоувэ) неперех. гл. встать, собраться в одном месте (о многих) / Зэхэту увын, гупу зэхэхьэн. Дерсыр яухыу загъэпсэхуну цӀыкӀухэр классым къыщыщӀэкӀым, зыкъомыр зэдауэу зэхэуващ, мафӀэгум вы е шы щӀэмыщӀауэ дауэ кӀуэрэ жаӀэу. КӀ. А. {ХакӀуэм} и щхьэр лъагэу иӀэтри ину щыщащ. Шыбзхэр зэрыгъэсакъри гуэрэну зэхэуващ. КӀ. А., Акъ. З.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэхоувэ)
Зэхэту гупу зыщӀыпӀэ деж увын, щытын.
ШиплӀ къэжэнут, шы еплӀанэр Зым имыщӀэ къыщӀэгувэр, Махуэр дахэщ, цӀыхухэр Ӏуву Дэни джэгуу зэхоувэ.— Колхоз шыгъажэм. «Партыр ди пашэу», 44
+2 örnek
Фитоныр ХьэтӀохъущокъуэ садым къыщилъадэм, музыкауэхэр, къэпӀейтеяуэ, зэхэувэри музыкэм еуэу щӀадзащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 125
Тимуровецхэр дэплъейуэ зэхэуващ.— Щынэхужьыкъуэ, 63
Kitapta geçtiği hali
ЗЭХЭУВЭН (зэхоувэ) лъэмыӀ. (3). Зэхэту гупу зыщӀыпӀэ деж увын, щытын. ШиплӀ къэжэнут, шы еплӀанэр Зым имыщӀэ къыщӀэгувэр, Махуэр дахэщ, цӀыхухэр Ӏуву Дэни джэгуу зэхоувэ. Колхоз шыгъажэм. «Партыр ди пашэу», 44. Фитоныр ХьэтӀохъущокъуэ садым къыщилъадэм, музыкауэхэр, къэпӀейтеяуэ, зэхэувэри музыкэм еуэу щӀадзащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 125. Тимуровецхэр дэплъейуэ зэхэуващ. Щынэхужьыкъуэ, 63.