зэхэувэжын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэхоувэж)
Зэхэту увыжын, гуп зыщӀыжын.
Къущхьэ зыбжани я шабырым фэ кӀапсэ цӀыкӀу къешэкӀауэ, я джэдыгу гъурым ищӀыӀукӀэ езыхэм ящӀа сэ, сампӀэм илъу, якӀэрыщӀауэ, нэкӀуплъ хъужауэ зэхэтт; сонэхэр псыгъуэ хъужауэ, я къамэр дахэу, я пащӀэр ину къэкӀуат; татхэр лъахъшэ защӀэу, мычэму зэдауэу, зэныкъуэкъуу, псомкӀи мыарэзыуэ, нэхъ жьантӀэмкӀэ еӀэрт; цӀыхубзхэр щхьэхуэу зэхэувэжауэ я ӀэлъэщӀышхуэхэмкӀэ я нэкӀур щӀахъумэрэ нэ закъуэмкӀэ плъэмэ, цӀыхухъум нитӀкӀэ ялъагъум нэхърэ нэхъыбэ ялъагъуу зэӀущащэрт, къэрэхьэлъкъыр щӀызэхуашэсар къагурымыӀуэ хуэдэт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 322
+1 örnek
Астемыр къамэр кърихри щаригъэлъагъум, нэхъ къэрабгъэхэр щтэри щӀэпхъуэжат, арщхьэкӀэ кӀэщӀу къагъэзэжри, ӀэпэкӀэ къамэдзэм ӀурыӀэбэу, къамапӀэм еӀусэу, зэдауэу еӀусэу, зэдауэу зэхэувэжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 182
Kitapta geçtiği hali
ЗЭХЭУВЭЖЫН (зэхоувэж) лъэмыӀ. (2). Зэхэту увыжын, гуп зыщӀыжын. Къущхьэ зыбжани я шабырым фэ кӀапсэ цӀыкӀу къешэкӀауэ, я джэдыгу гъурым ищӀыӀукӀэ езыхэм ящӀа сэ, сампӀэм илъу, якӀэрыщӀауэ, нэкӀуплъ хъужауэ зэхэтт; сонэхэр псыгъуэ хъужауэ, я къамэр дахэу, я пащӀэр ину къэкӀуат; татхэр лъахъшэ защӀэу, мычэму зэдауэу, зэныкъуэкъуу, псомкӀи мыарэзыуэ, нэхъ жьантӀэмкӀэ еӀэрт; цӀыхубзхэр щхьэхуэу зэхэувэжауэ я ӀэлъэщӀышхуэхэмкӀэ я нэкӀур щӀахъумэрэ нэ закъуэмкӀэ плъэмэ, цӀыхухъум нитӀкӀэ ялъагъум нэхърэ нэхъыбэ ялъагъуу зэӀущащэрт, къэрэхьэлъкъыр щӀызэхуашэсар къагурымыӀуэ хуэдэт. Хъуэпсэгъуэ нур, 322. Астемыр къамэр кърихри щаригъэлъагъум, нэхъ къэрабгъэхэр щтэри щӀэпхъуэжат, арщхьэкӀэ кӀэщӀу къагъэзэжри, ӀэпэкӀэ къамэдзэм ӀурыӀэбэу, къамапӀэм еӀусэу, зэдауэу еӀусэу, зэдауэу зэхэувэжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 182.