зэхэтын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэхэтщ)
1. Зэхэувауэ щытын (цӀыху куэд, псэущхьэ куэд).
рутолпиться
Ӏэщхэр зэбэдзауэу зэхэтщ. ЦӀыхухэр къэпсалъэм едаӀуэу зэхэтщ.
2. Зэгъунэгъуу зы щӀыпӀэ щытын (куэд), зэхэувауэ щытын.
рурасполагаться рядом друг с другом, близко друг к другу (о чем-л.)
Къуажэ советыр зыщӀэт унэри, колхоз конторэри, клубри, еджапӀэри зэгъунэгъухэу къуажэкум деж зэхэтщ. Выгуи шыгуи - псори, бэзэрышхуэм хуэдэу, гъунэ имыӀэу зы лъэныкъуэмкӀэ зэхэтт. КӀ. А. Ӏэдийм хуэдэу, нартыхушхуэхэр адэкӀэ-мыдэкӀэ елэлэхыу, жэпкъ гъум хъужу зэхэтт. Гъ. дыдоб.
3. ЦӀыху куэд зыхэт Ӏуэхугъуэ гуэр екӀуэкӀын, щыӀэн.
русостояться (о съездах, собраниях, митингах, торжествах и т. п.)
ЛӀыгъур.. и унэм щекӀуэлӀэжым хэкум цӀыхуу исыр зэхуэсри, мазэм щӀигъукӀэ хьэгъуэлӀыгъуэр зэхэтащ. КӀ. Т., Акъ. З. ЗэӀущӀэр къызэӀуахауэ, утыкушхуэ ящӀауэ зэхэтщ. Сов. Къэб. ифольк.
4. Зы бжыгъэ гуэр зыхиубыдэу, къызэщӀиубыдэу щытын.
русостоять из какого-л. количества составных частей
ПэшиплӀу зэхэт унэр садыщӀэ дахэм щӀигъэнащ. Макъ.
Kitapta geçtiği hali
зэхэтын (зэхэтщ) неперех. гл. 1. толпиться / Зэхэувауэ щытын (цӀыху куэд, псэущхьэ куэд). Ӏэщхэр зэбэдзауэу зэхэтщ. ЦӀыхухэр къэпсалъэм едаӀуэу зэхэтщ. 2. располагаться рядом друг с другом, близко друг к другу (о чем-л.) / Зэгъунэгъуу зы щӀыпӀэ щытын (куэд), зэхэувауэ щытын. Къуажэ советыр зыщӀэт унэри, колхоз конторэри, клубри, еджапӀэри зэгъунэгъухэу къуажэкум деж зэхэтщ. Выгуи шыгуи - псори, бэзэрышхуэм хуэдэу, гъунэ имыӀэу зы лъэныкъуэмкӀэ зэхэтт. КӀ. А. Ӏэдийм хуэдэу, нартыхушхуэхэр адэкӀэ-мыдэкӀэ елэлэхыу, жэпкъ гъум хъужу зэхэтт. Гъ. дыдоб. 3. состояться (о съездах, собраниях, митингах, торжествах и т. п.) / ЦӀыху куэд зыхэт Ӏуэхугъуэ гуэр екӀуэкӀын, щыӀэн. ЛӀыгъур.. и унэм щекӀуэлӀэжым хэкум цӀыхуу исыр зэхуэсри, мазэм щӀигъукӀэ хьэгъуэлӀыгъуэр зэхэтащ. КӀ. Т., Акъ. З. ЗэӀущӀэр къызэӀуахауэ, утыкушхуэ ящӀауэ зэхэтщ. Сов. Къэб. ифольк. 4. состоять из какого-л. количества составных частей / Зы бжыгъэ гуэр зыхиубыдэу, къызэщӀиубыдэу щытын. ПэшиплӀу зэхэт унэр садыщӀэ дахэм щӀигъэнащ. Макъ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэхэтщ)
1. Гупу щытын.
Къущхьэ зыбжани я шабырым фэ кӀапсэ цӀыкӀу къешэкӀауэ, я джэдыгу гъурым ищӀыӀукӀэ езыхэм ящӀа сэ, сампӀэм илъу, якӀэрыщӀауэ, нэкӀуплъ хъужауэ зэхэтт; сонэхэр псыгъуэ хъужауэ, я къамэр дахэу, я пащӀэр ину къэкӀуат; татхэр лъахъшэ защӀэу, мычэму зэдауэу, зэныкъуэкъуу, псомкӀи мыарэзыуэ, нэхъ жьантӀэмкӀэ еӀэрт; цӀыхубзэхэр щхьэхуэу зэхэувэжауэ я ӀэлъэщӀышхуэхэмкӀэ я нэкӀур щӀахъумэрэ нэ закъуэмкӀэ плъэмэ, цӀыхухъум нитӀкӀэ ялъагъум нэхърэ нэхъыбэ ялъагъуу зэӀущащэрт, къэрэхьэлъкъыр щӀызэхуашэсар къагурымыӀуэ хуэдэт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 322
+2 örnek
Къазбэч Машевич къокӀуэж жаӀэу жылэм щызэхахым, къуажэдэсхэр я клубыжь ныкъуэкъауэр зыдэт пщӀантӀэм езыр-езыру щызэхуэсащ, цӀыхухэр зэхэту илъагъумэ, блэмыкӀыу къытхыхьэнщи, ди гукъеуэ кедэӀуэнщ жыхуаӀэу.— Лъапсэ, 73
ЦӀыхур щыму зэхэтти, Чопракъыпс и макъыр псыхъуэм къыдэӀукӀыу зэхэпхырт, бжей мэзыжь хагъуэ зыхидзари къэдаӀуэ хуэдэт.— Нал къута, 257
2. Ӏуэхугъуэ гуэрым теухуауэ зэхуэсын, зэӀущӀэ щӀын.
Къуажэ Советым Нахъуэ, Астемыр, Къазджэрий, Исхьэкъ, Ахья сымэ щызэхэтӀысхьауэ зэхэсщ, пщэдей зэхэтыну зэӀущӀэм щыжаӀэнумкӀэ зэчэнджэщу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 645
+2 örnek
Нахъуэ къыгурыӀуащ нобэ зэхэта зэӀущӀэм я унафэм Инал къызэрыщӀэупщӀэнур.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 671
Дэ мыбдеж зэӀущӀэ тщӀауэ дызэхэтщ, Долэт къивым додаӀуэри.— Хъуэпсэгъуэ нур, 254
3. Ӏыхьэ зыбжанэу зэхэлъын; зэхыхьэн.
Унэр жьы дыдэу, штукатуркэр къыкӀэрылъэлъыжауэ, чырбыш плъыжь къыщӀэщар щащэу хуежьа щхьэкӀэ, пэшитӀу зэхэт фэтэрыр дигу иримыхьу къэнэнт, гуэщыжьым илъэс нэхъыбэ ущӀэсауэ: жэнэтым и бжэт тхузэӀуаха къытфӀэщӀат.— Лэчымэ, 392
+2 örnek
Иджы Думэсарэ гъыбзэ гууз жиӀэрт, езыр гъырэ уэрэд жиӀэрэ къыпхуэщӀэртэкъым, уэрэдри нэпсри зэхэтт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 277
Бжэныхъуэ цӀыкӀур пабжьэм хэлъадэри бгъуэтмэ къащтэ, жэрыгъэ защӀэкӀэ къуэшхуэм дэс къуажэм дэлъэдэжащ, бжэну, мэлу зэхэт хъушэр къигъанэри.— Лъапсэ, 55
4. Ӏуву зэтрихьэн (жыг, бгы с.ху.).
Мес, Ленин Ӏущыр нэпкъым тету КъэкӀуэн лӀэщӀыгъуэм Ӏэр хешие, Мыбдеж фӀыцӀэшхуэу бгыр зэхэтми, КӀыфӀыгъэм нэхур хеукъуэдие.— Ленин лъагэу тетщ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 7
Kitapta geçtiği hali
ЗЭХЭТЫН (зэхэтщ) лъэмыӀ. (105). 1. (89). Гупу щытын. Къущхьэ зыбжани я шабырым фэ кӀапсэ цӀыкӀу къешэкӀауэ, я джэдыгу гъурым ищӀыӀукӀэ езыхэм ящӀа сэ, сампӀэм илъу, якӀэрыщӀауэ, нэкӀуплъ хъужауэ зэхэтт; сонэхэр псыгъуэ хъужауэ, я къамэр дахэу, я пащӀэр ину къэкӀуат; татхэр лъахъшэ защӀэу, мычэму зэдауэу, зэныкъуэкъуу, псомкӀи мыарэзыуэ, нэхъ жьантӀэмкӀэ еӀэрт; цӀыхубзэхэр щхьэхуэу зэхэувэжауэ я ӀэлъэщӀышхуэхэмкӀэ я нэкӀур щӀахъумэрэ нэ закъуэмкӀэ плъэмэ, цӀыхухъум нитӀкӀэ ялъагъум нэхърэ нэхъыбэ ялъагъуу зэӀущащэрт, къэрэхьэлъкъыр щӀызэхуашэсар къагурымыӀуэ хуэдэт. Хъуэпсэгъуэ нур, 322. Къазбэч Машевич къокӀуэж жаӀэу жылэм щызэхахым, къуажэдэсхэр я клубыжь ныкъуэкъауэр зыдэт пщӀантӀэм езыр-езыру щызэхуэсащ, цӀыхухэр зэхэту илъагъумэ, блэмыкӀыу къытхыхьэнщи, ди гукъеуэ кедэӀуэнщ жыхуаӀэу. Лъапсэ, 73. ЦӀыхур щыму зэхэтти, Чопракъыпс и макъыр псыхъуэм къыдэӀукӀыу зэхэпхырт, бжей мэзыжь хагъуэ зыхидзари къэдаӀуэ хуэдэт. Нал къута, 257. 2. (7). Ӏуэхугъуэ гуэрым теухуауэ зэхуэсын, зэӀущӀэ щӀын. Къуажэ Советым Нахъуэ, Астемыр, Къазджэрий, Исхьэкъ, Ахья сымэ щызэхэтӀысхьауэ зэхэсщ, пщэдей зэхэтыну зэӀущӀэм щыжаӀэнумкӀэ зэчэнджэщу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 645. Нахъуэ къыгурыӀуащ нобэ зэхэта зэӀущӀэм я унафэм Инал къызэрыщӀэупщӀэнур. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 671. Дэ мыбдеж зэӀущӀэ тщӀауэ дызэхэтщ, Долэт къивым додаӀуэри. Хъуэпсэгъуэ нур, 254. 3. (8). Ӏыхьэ зыбжанэу зэхэлъын; зэхыхьэн. Унэр жьы дыдэу, штукатуркэр къыкӀэрылъэлъыжауэ, чырбыш плъыжь къыщӀэщар щащэу хуежьа щхьэкӀэ, пэшитӀу зэхэт фэтэрыр дигу иримыхьу къэнэнт, гуэщыжьым илъэс нэхъыбэ ущӀэсауэ: жэнэтым и бжэт тхузэӀуаха къытфӀэщӀат. Лэчымэ, 392. Иджы Думэсарэ гъыбзэ гууз жиӀэрт, езыр гъырэ уэрэд жиӀэрэ къыпхуэщӀэртэкъым, уэрэдри нэпсри зэхэтт. Хъуэпсэгъуэ нур, 277. Бжэныхъуэ цӀыкӀур пабжьэм хэлъадэри бгъуэтмэ къащтэ, жэрыгъэ защӀэкӀэ къуэшхуэм дэс къуажэм дэлъэдэжащ, бжэну, мэлу зэхэт хъушэр къигъанэри. Лъапсэ, 55. 4. (1). Ӏуву зэтрихьэн (жыг, бгы с.ху.). Мес, Ленин Ӏущыр нэпкъым тету КъэкӀуэн лӀэщӀыгъуэм Ӏэр хешие, Мыбдеж фӀыцӀэшхуэу бгыр зэхэтми, КӀыфӀыгъэм нэхур хеукъуэдие. Ленин лъагэу тетщ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 7.