зэхэтыкӀэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Унагъуэ, гуп, жылагъуэ сыт хуэдэхэр зэрызэхэт щӀыкӀэ, абыхэм я псэукӀэ.
рухарактер взаимоотношений между кем-л.
{Матренэ:} -Нобэ фӀэкӀа пӀалъэ имыӀэу Инал деж сыкӀуэнщи жесӀэнщ ди зэхэтыкӀэр: зозауэ, зэроукӀ, къаджэдыхь. КӀ. А. Олимп щхьэщыгу тес тхьэхэм я зэхэтыкӀэр цӀыхухэм я зэхэтыкӀэм хуэдэ дыдэу къафӀэщӀырт грекхэм. Ижь. д. и ист.
Kitapta geçtiği hali
зэхэтыкӀэ характер взаимоотношений между кем-л. / Унагъуэ, гуп, жылагъуэ сыт хуэдэхэр зэрызэхэт щӀыкӀэ, абыхэм я псэукӀэ. {Матренэ:} -Нобэ фӀэкӀа пӀалъэ имыӀэу Инал деж сыкӀуэнщи жесӀэнщ ди зэхэтыкӀэр: зозауэ, зэроукӀ, къаджэдыхь. КӀ. А. Олимп щхьэщыгу тес тхьэхэм я зэхэтыкӀэр цӀыхухэм я зэхэтыкӀэм хуэдэ дыдэу къафӀэщӀырт грекхэм. Ижь. д. и ист.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Унагъуэ, жылагъуэ с.ху. зэрыпсэу, зэрызэхущыт щӀыкӀэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 674.
–Уэлэхьи, сэри сигу иримыхьа нобэ ди зэхэтыкӀар, – жиӀэри Бот и пыӀэ къуацэр иутхыпщӀри аргуэру зыщхьэритӀэгъэжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 261
+1 örnek
[Думэсарэ:] Нобэ фӀэкӀа пӀалъэ имыӀэу Инал деж сыкӀуэнщи жесӀэнщ ди зэхэтыкӀэр.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 555
Kitapta geçtiği hali
ЗЭХЭТЫКӀЭ (5). Унагъуэ, жылагъуэ с.ху. зэрыпсэу, зэрызэхущыт щӀыкӀэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 674. –Уэлэхьи, сэри сигу иримыхьа нобэ ди зэхэтыкӀар, – жиӀэри Бот и пыӀэ къуацэр иутхыпщӀри аргуэру зыщхьэритӀэгъэжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 261. [Думэсарэ:] Нобэ фӀэкӀа пӀалъэ имыӀэу Инал деж сыкӀуэнщи жесӀэнщ ди зэхэтыкӀэр. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 555.