зэхэпщэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
руа) (зэхепщэ) перех. гл.
1. Зыр зым хэпщэн, пщыурэ зэхэгъэзэрыхьын. Зэхэзэрыхьын, зэхэпща хъун.
рузамесить, перемесить
{Еджауэ унэхэр щащӀым} ятӀагъуэмрэ вэнвеймрэ зэхэзыпщар хэт? ЦӀыхубзхэрщ. Т. Хь. б) (зэхэпщащ) неперех. гл. замеситься, быть замешенным
+1 örnek
Жызум ухуей, хьэлывэ ухуей, форэ тхъурэкӀэ зэхэпщауэ тхъурыжь уфӀэфӀ? Яхэдэ, къыхэх.. псори пэрыхьэтщ. Ш. А. Жыраслъэн щхьэ щӀыбкӀэ телъати, ятӀэмрэ лъымрэ хьэлэчу зэхацӀэлат, и хьэзырыпсхэр лъы защӀэт, удз гъуррэ ятӀэрэ зэхэпщауэ и цейм кӀэрылът. КӀ. А.
Kitapta geçtiği hali
зэхэпщэн а) (зэхепщэ) перех. гл. 1. замесить, перемесить / Зыр зым хэпщэн, пщыурэ зэхэгъэзэрыхьын. {Еджауэ унэхэр щащӀым} ятӀагъуэмрэ вэнвеймрэ зэхэзыпщар хэт? ЦӀыхубзхэрщ. Т. Хь. б) (зэхэпщащ) неперех. гл. замеситься, быть замешенным / Зэхэзэрыхьын, зэхэпща хъун. Жызум ухуей, хьэлывэ ухуей, форэ тхъурэкӀэ зэхэпщауэ тхъурыжь уфӀэфӀ? Яхэдэ, къыхэх.. псори пэрыхьэтщ. Ш. А. Жыраслъэн щхьэ щӀыбкӀэ телъати, ятӀэмрэ лъымрэ хьэлэчу зэхацӀэлат, и хьэзырыпсхэр лъы защӀэт, удз гъуррэ ятӀэрэ зэхэпщауэ и цейм кӀэрылът. КӀ. А.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэхепщэ)
Зэхэгъэзэрыхьын.
Дэ тӀур [Фэуазрэ и шымрэ] дызэрыгъуэтыжа нэужь, и гугъа хъунт дяпэкӀи дызэгъусэну, ди унэ сшэжрэ зы зэман мэкъу хьэжыгъэрэ хуэнщӀейрэ зэхэтпщэу Ӏус хуэтщӀу, щӀыӀэ хъумэ, шэщым уэншэку хущӀэтлъхьэу, псынэм къитшрэ псы едгъафэу зэрыщытам хуэдэу а махуэр къыхуихуэну.— Анка, 384
Kitapta geçtiği hali
ЗЭХЭПЩЭН (зэхепщэ) лъэӀ. (1). Зэхэгъэзэрыхьын. Дэ тӀур [Фэуазрэ и шымрэ] дызэрыгъуэтыжа нэужь, и гугъа хъунт дяпэкӀи дызэгъусэну, ди унэ сшэжрэ зы зэман мэкъу хьэжыгъэрэ хуэнщӀейрэ зэхэтпщэу Ӏус хуэтщӀу, щӀыӀэ хъумэ, шэщым уэншэку хущӀэтлъхьэу, псынэм къитшрэ псы едгъафэу зэрыщытам хуэдэу а махуэр къыхуихуэну. Анка, 384.