зэхэгъэгъуэщэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэхегъэгъуащэ)
Зэхэгъэзэрыхьын, зыр адрейуэ къыфӀэщӀын.
руперепутать кого-что-л. с кем-чем-л.
{Ӏэдэм:} -.. хэт сыт хуэдэ къишами, зэхэзмыгъэгъуащэу сахуэхьэжэну аращ сэ тхылъ щӀызэзгъэщӀар. КӀ. А.
Kitapta geçtiği hali
зэхэгъэгъуэщэн (зэхегъэгъуащэ) перех. гл. перепутать кого-что-л. с кем-чем-л. / Зэхэгъэзэрыхьын, зыр адрейуэ къыфӀэщӀын. {Ӏэдэм:} -.. хэт сыт хуэдэ къишами, зэхэзмыгъэгъуащэу сахуэхьэжэну аращ сэ тхылъ щӀызэзгъэщӀар. КӀ. А.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэхегъэгъуащэ)
Зэхэгъэзэрыхьын.
Зэхэвгъэгъуэщэнщ, [Елдар жриӀэу] – жиӀэрт старшынэм.— Хъуэпсэгъуэ нур, 56
+1 örnek
Хьэ къахыхьэу [хъушэм] захигъэгъуащэу щыхэти щыӀэщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 541
(зэхогъуащэ)
Зэхэзэрыхьын.
Джабэр джафэщ икӀи занщӀэщ – Нэм илъагъур зэхогъуащэр.— Жыжьэу уеплъмэ… Батырыбжьэ, 157
+1 örnek
Къуршыщхьэм телъ уэсыр щхъуантӀафэ хъуащи уафэ щхъуантӀэмрэ абырэ зэхолъадэ, зэхогъуащэ.— Щынэхужьыкъуэ, 53
Kitapta geçtiği hali
ЗЭХЭГЪЭГЪУЭЩЭН (зэхегъэгъуащэ) лъэӀ. (2). Зэхэгъэзэрыхьын. Зэхэвгъэгъуэщэнщ, [Елдар жриӀэу] – жиӀэрт старшынэм. Хъуэпсэгъуэ нур, 56. Хьэ къахыхьэу [хъушэм] захигъэгъуащэу щыхэти щыӀэщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 541.
ЗЭХЭГЪЭГЪУЭЩЭН (зэхогъуащэ) лъэмыӀ. (3). Зэхэзэрыхьын. Джабэр джафэщ икӀи занщӀэщ – Нэм илъагъур зэхогъуащэр. Жыжьэу уеплъмэ… «Батырыбжьэ», 157. Къуршыщхьэм телъ уэсыр щхъуантӀафэ хъуащи уафэ щхъуантӀэмрэ абырэ зэхолъадэ, зэхогъуащэ. Щынэхужьыкъуэ, 53.