зэхыхьэн
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ЗЫН, ЗЫ ХЪУН, зэгохьан/зэгуъхьэн, зэхэхьан/зэхыхьэн; BİRLEŞMEK
зэхыхьэн/зэхэхьан → ЗЫН; BİRLEŞMEK
зэхэхьан/зэхыхьэн → ЗЫН; BİRLEŞMEK
Bu sonuç kitaptaki 3 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: зын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэхохьэ)
1. ЗыщӀыпӀэ зыгуэрхэр щызэхуэсын, щызэӀущӀэн, щызэхуэзэн.
русойтись, собраться в одном месте (о многих)
Гъатхэ дыгъэр дзэл жыгитӀ я лъагагъ хуэдизкӀэ къыщыдэкӀуэтеям, жылэр зэхыхьакӀэт. КӀ. Т. Зырызурэ фынакӀуэ, фызэхэмыхьэ Ӏуву. КӀ. А.
2. Зэгухьэн.
руобъединиться во что-л. (напр. в артель)
Колхоз зэхыхьэн.
Kitapta geçtiği hali
зэхыхьэн (зэхохьэ) неперех. гл. 1. сойтись, собраться в одном месте (о многих) / ЗыщӀыпӀэ зыгуэрхэр щызэхуэсын, щызэӀущӀэн, щызэхуэзэн. Гъатхэ дыгъэр дзэл жыгитӀ я лъагагъ хуэдизкӀэ къыщыдэкӀуэтеям, жылэр зэхыхьакӀэт. КӀ. Т. Зырызурэ фынакӀуэ, фызэхэмыхьэ Ӏуву. КӀ. А. 2. объединиться во что-л. (напр. в артель) / Зэгухьэн. Колхоз зэхыхьэн.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэхохьэ)
1. Зэхуэсын.
Къылышбийм и зэманым гуфӀэгъуэкӀэ цӀыху зэхыхьэу щытакъым, зэхыхьамэ, бэлыхьым зэхуихусауэ арат.— Хъуэпсэгъуэ нур, 318
2. Зэгухьэн.
ЩхьэгъэрытыфӀщ жари къыдефэ илъэпкъыр зэхыхьэри Сентрал къыдэщӀащ, армыхъумэ упщӀэ пыӀэжь псы къиуам ихь хуэдэ куэд щӀат зэрехрэ.— Нал къута, 288
+1 örnek
Музыкауэ къомыр зэхыхьэмэ яхузэхэмылъхьэу къэнэнт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 563
Kitapta geçtiği hali
ЗЭХЫХЬЭН (зэхохьэ) лъэмыӀ. (11). 1. (4). Зэхуэсын. Къылышбийм и зэманым гуфӀэгъуэкӀэ цӀыху зэхыхьэу щытакъым, зэхыхьамэ, бэлыхьым зэхуихусауэ арат. Хъуэпсэгъуэ нур, 318. 2. (7). Зэгухьэн. ЩхьэгъэрытыфӀщ жари къыдефэ илъэпкъыр зэхыхьэри Сентрал къыдэщӀащ, армыхъумэ упщӀэ пыӀэжь псы къиуам ихь хуэдэ куэд щӀат зэрехрэ. Нал къута, 288. Музыкауэ къомыр зэхыхьэмэ яхузэхэмылъхьэу къэнэнт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 563.