зэхуэшэсын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэхуешэс)
Зэхуэгъэсын, зэшэлӀэн, зэуӀу щӀын.
русобрать, созвать кого-что-л. в одно место, свести, свезти кого-что-л. в одно место
Джэдкъуртым и бынхэр псынщӀэу зэхуишэсащ. Дыщэ кӀ. Къуажэхэм къыдэна сабийхэр БетӀал зэхуишэсырт. Ш. А. Жыраслъэн дзэ зэхуишэсу.. ТыркумкӀэ яунэтӀыну куэдым я гугъэт. КӀ. А.
Kitapta geçtiği hali
зэхуэшэсын (зэхуешэс) перех. гл. собрать, созвать кого-что-л. в одно место, свести, свезти кого-что-л. в одно место / Зэхуэгъэсын, зэшэлӀэн, зэуӀу щӀын. Джэдкъуртым и бынхэр псынщӀэу зэхуишэсащ. Дыщэ кӀ. Къуажэхэм къыдэна сабийхэр БетӀал зэхуишэсырт. Ш. А. Жыраслъэн дзэ зэхуишэсу.. ТыркумкӀэ яунэтӀыну куэдым я гугъэт. КӀ. А.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэхуешэс)
Зэхуэгъэсын, зэшэлӀэн, зэуӀу щӀын.
Къазджэрий курсантхэр зэхуишэсурэ Пушкиным итха «Кавказ плен», «Бахъшы-Сэрай фонтан» жыхуиӀэ поэмитӀым къахуеджащ, абы хуэдэ гъэщӀэгъуэныщэ цӀыхум ятхыфынуи хэт и гугъэнт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 616
+2 örnek
Япэр арауэ, капитаным унафэ ищӀащ партизану хъуар зэхуишэсу казармэм щыпсэууэ ищӀыну.— Нал къута, 252
ӀэнатӀэ хуэхъуар мыщӀагъуэми, Ӏэмалыншэт, Астемыр заводышхуэ гуэрым ташкӀэ иӀыгъыу цеххэм пхъэнкӀий къыщӀишурэ гъущӀ гъуэгум тет вагоныжьым ирикӀутэу, е гъущӀыкӀэжьхэр зэхуишэсрэ гъущӀ зэрагъэткӀу хьэкум иришалӀэу арат и къалэныр.— Хъуэпсэгъуэ нур, 180
Kitapta geçtiği hali
ЗЭХУЭШЭСЫН (зэхуешэс) лъэӀ. (88). Зэхуэгъэсын, зэшэлӀэн, зэуӀу щӀын. Къазджэрий курсантхэр зэхуишэсурэ Пушкиным итха «Кавказ плен», «Бахъшы-Сэрай фонтан» жыхуиӀэ поэмитӀым къахуеджащ, абы хуэдэ гъэщӀэгъуэныщэ цӀыхум ятхыфынуи хэт и гугъэнт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 616. Япэр арауэ, капитаным унафэ ищӀащ партизану хъуар зэхуишэсу казармэм щыпсэууэ ищӀыну. Нал къута, 252. ӀэнатӀэ хуэхъуар мыщӀагъуэми, Ӏэмалыншэт, Астемыр заводышхуэ гуэрым ташкӀэ иӀыгъыу цеххэм пхъэнкӀий къыщӀишурэ гъущӀ гъуэгум тет вагоныжьым ирикӀутэу, е гъущӀыкӀэжьхэр зэхуишэсрэ гъущӀ зэрагъэткӀу хьэкум иришалӀэу арат и къалэныр. Хъуэпсэгъуэ нур, 180.