зэхуэхусын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэхуехус)
Зыгуэрхэр залымыгъэкӀэ зыщӀыпӀэ щызэхуэгъэсэн.
русогнать кого-л. в одно место
Ӏэщыр зэхуехус. Зэхуихусри бжэни мэли, Хигъэхьащ хъун бэву кӀам. Б. Ф.
Kitapta geçtiği hali
зэхуэхусын (зэхуехус) перех. гл. согнать кого-л. в одно место / Зыгуэрхэр залымыгъэкӀэ зыщӀыпӀэ щызэхуэгъэсэн. Ӏэщыр зэхуехус. Зэхуихусри бжэни мэли, Хигъэхьащ хъун бэву кӀам. Б. Ф.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэхуехус)
Зэгуэрхэр залымыгъэкӀэ зыщӀыпӀэ щызэхуэгъэсын.
Шу зэрызехьэ къомым Ӏэщ къыщаху куэдрэ ухуэзэрт, ар уэркъ, пщы сытхэм зэхуахусу ягъэпщкӀуауэ щыта Ӏэщыр арати, иджы зейм лъысыжат.— Хъуэпсэгъуэ нур, 315
+2 örnek
Астемыр лӀыжьым и гур дахэ хуищӀырт а щӀалитӀри узыншэу, Мартэзей станцым Елдар и гъусэу тӀэкӀу щыгуващ плен сытхэр зэхуахусуи, нобэ-пщэдей къэсыжынщ, жиӀэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 308
Къэзакъхэм зэхуахусащ губгъуэм къинауэ щыта Ӏэщри иджы ящэж, щӀымахуэм ямыгъэшхэн щхьэкӀэ.— Нал къута, 291
Kitapta geçtiği hali
ЗЭХУЭХУСЫН (зэхуехус) лъэӀ. (7). Зэгуэрхэр залымыгъэкӀэ зыщӀыпӀэ щызэхуэгъэсын. Шу зэрызехьэ къомым Ӏэщ къыщаху куэдрэ ухуэзэрт, ар уэркъ, пщы сытхэм зэхуахусу ягъэпщкӀуауэ щыта Ӏэщыр арати, иджы зейм лъысыжат. Хъуэпсэгъуэ нур, 315. Астемыр лӀыжьым и гур дахэ хуищӀырт а щӀалитӀри узыншэу, Мартэзей станцым Елдар и гъусэу тӀэкӀу щыгуващ плен сытхэр зэхуахусуи, нобэ-пщэдей къэсыжынщ, жиӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 308. Къэзакъхэм зэхуахусащ губгъуэм къинауэ щыта Ӏэщри иджы ящэж, щӀымахуэм ямыгъэшхэн щхьэкӀэ. Нал къута, 291.