зэхуэтхьэусыхэн

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

dertleşmek
Doğuзэхуэтхьэусыхэн
Batıзэфэтхьаусыхэн
Kitapta geçtiği hali

зэфэтхьаусыхэн/зэхуэтхьэусыхэн; DERTLEŞMEK

зэхуэтхьэусыхэн/зэфэтхьаусыхэн; DERTLEŞMEK

Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(зэхуотхьэусыхэ)

Гукъеуэр зэхуэӀуэтэн; зым и тхьэусыхафэр адрейм жриӀэн.

рупожаловаться друг другу

Бажэмрэ дыгъужьымрэ зэхуэтхьэусыхэрт, я лажьэ зэхуаӀуатэрт. фольк. - ЦӀыхубз акъылымрэ хъыджэбз къарумрэ сыт мыгъуэр яхузэфӀэкӀын, - жаӀэу хъыджэбзитӀыр зэгуэр зэхуэтхьэусыхэуэ зэрыщытар игу къэкӀыжауэ.. зы тэлайкӀэ {Зырамыку} щытащ. Т. Хь.

Kitapta geçtiği hali

зэхуэтхьэусыхэн (зэхуотхьэусыхэ) неперех. гл. пожаловаться друг другу / Гукъеуэр зэхуэӀуэтэн; зым и тхьэусыхафэр адрейм жриӀэн. Бажэмрэ дыгъужьымрэ зэхуэтхьэусыхэрт, я лажьэ зэхуаӀуатэрт. фольк. - ЦӀыхубз акъылымрэ хъыджэбз къарумрэ сыт мыгъуэр яхузэфӀэкӀын, - жаӀэу хъыджэбзитӀыр зэгуэр зэхуэтхьэусыхэуэ зэрыщытар игу къэкӀыжауэ.. зы тэлайкӀэ {Зырамыку} щытащ. Т. Хь.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зэхуотхьэусыхэ)

Гукъеуэр зэхуэӀуэтэн; зым и тхьэусыхафэхэр адрейм жриӀэн.

ЛӀитӀ уэрамым щызэхуэзамэ, зэхуотхьэусыхэ: «Мыр дауэ, ди ини цӀыкӀуи, Ӏэщэ зыӀыгъыфыр зауэм дгъэкӀуащ, нэмыцэр къэсри ди кӀуэцӀыр кърашхыкӀащ, иджы ди кӀэтӀий ди вакъэ лъэпсу дыкъэна пэтрэ, ди унагъуэбжэр худагъэщӀыжыну жаӀэ, Сталиным деж лӀыкӀуэ дгъакӀуэмэ, мынэхъыфӀу пӀэрэ?»— Лъапсэ, 84

+2 örnek

ЦӀыхухъу щӀагъуэ къуажэм къыдэнатэкъыми, лэжьыгъэри тэмэм мыхъуу, цӀыхубзхэр зэхуэсрэ зэхуэтхьэусыхэу, Чачи зэрылъэкӀкӀэ унафэ ищӀу, абы къедаӀуэри нэхъыбэжу, дунейр шэрхъщи – мэкӀэрахъуэ, жыхуаӀэр арати, уи нэр темыпыӀэу кӀэрахъуэу хуежьащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 268

Адыгэпщхэри мызэ-мытӀэу зэхуэсурэ зэхуэтхьэусыхащ «ди цӀыхур тхуэмыгъэшхэжу куэд мэхъу, къащӀэхъуэр дамыгъащэмэ, Ӏисраф дыхъунущ» жаӀэу, арщхьэкӀэ Ӏэмал хуагъуэтыркъым, Тыркум я кхъухьхэр лъэныкъуэегъэз ящӀащ, убыххэм я кхъуафэжьейр тенджызыр къэукъубеяуэщ тенджызым щытехьэр, урыс кхъухьхэм япэщӀэхуэнкӀэ шынэу.— Лъапсэ, 63

Kitapta geçtiği hali

ЗЭХУЭТХЬЭУСЫХЭН (зэхуотхьэусыхэ) лъэмыӀ. (3). Гукъеуэр зэхуэӀуэтэн; зым и тхьэусыхафэхэр адрейм жриӀэн. ЛӀитӀ уэрамым щызэхуэзамэ, зэхуотхьэусыхэ: «Мыр дауэ, ди ини цӀыкӀуи, Ӏэщэ зыӀыгъыфыр зауэм дгъэкӀуащ, нэмыцэр къэсри ди кӀуэцӀыр кърашхыкӀащ, иджы ди кӀэтӀий ди вакъэ лъэпсу дыкъэна пэтрэ, ди унагъуэбжэр худагъэщӀыжыну жаӀэ, Сталиным деж лӀыкӀуэ дгъакӀуэмэ, мынэхъыфӀу пӀэрэ?» Лъапсэ, 84. ЦӀыхухъу щӀагъуэ къуажэм къыдэнатэкъыми, лэжьыгъэри тэмэм мыхъуу, цӀыхубзхэр зэхуэсрэ зэхуэтхьэусыхэу, Чачи зэрылъэкӀкӀэ унафэ ищӀу, абы къедаӀуэри нэхъыбэжу, дунейр шэрхъщи – мэкӀэрахъуэ, жыхуаӀэр арати, уи нэр темыпыӀэу кӀэрахъуэу хуежьащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 268. Адыгэпщхэри мызэ-мытӀэу зэхуэсурэ зэхуэтхьэусыхащ «ди цӀыхур тхуэмыгъэшхэжу куэд мэхъу, къащӀэхъуэр дамыгъащэмэ, Ӏисраф дыхъунущ» жаӀэу, арщхьэкӀэ Ӏэмал хуагъуэтыркъым, Тыркум я кхъухьхэр лъэныкъуэегъэз ящӀащ, убыххэм я кхъуафэжьейр тенджызыр къэукъубеяуэщ тенджызым щытехьэр, урыс кхъухьхэм япэщӀэхуэнкӀэ шынэу. Лъапсэ, 63.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

dertleşmek halleşmek

Düzeltme Öner

зэхуэтхьэусыхэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.