зэхуэлъэфэсын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэхуелъэфэс)
1. Лъэфурэ зыгуэр зэхуэхьэсын.
рупритащить волоком что-л. в одно место
Мэкъу кӀапӀинэхэр тракторкӀэ зэхуалъэфэсащ.
2. Зэтедзэн, зэхуэхьэсын, зэхуэкъусын.
рустянуть, собрать в сборку что-л.
Къэпыщхьэр зэхуэлъэфэсын.
3. Зыгуэр зэлъэфэлӀэн; нэпсеягъэкӀэ зыгуэрхэр зэхьэлӀэн.
рунажить, накопить что-л.
Мылъку зэхуэлъэфэсын.
Kitapta geçtiği hali
зэхуэлъэфэсын (зэхуелъэфэс) перех. гл. 1. притащить волоком что-л. в одно место / Лъэфурэ зыгуэр зэхуэхьэсын. Мэкъу кӀапӀинэхэр тракторкӀэ зэхуалъэфэсащ. 2. стянуть, собрать в сборку что-л. / Зэтедзэн, зэхуэхьэсын, зэхуэкъусын. Къэпыщхьэр зэхуэлъэфэсын. 3. переносное пренебреж. сл. нажить, накопить что-л. / Зыгуэр зэлъэфэлӀэн; нэпсеягъэкӀэ зыгуэрхэр зэхьэлӀэн. Мылъку зэхуэлъэфэсын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэхуелъэфэс)
1. Плъэфурэ зэгуэрхэр зэхуэхьэсын.
Бжыхь, набжэ сыт зыхуалъэфэсри Ӏуэ тӀэкӀу ящӀри, Ӏэщ къызэхуахусар абы ираубыдащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 259
2. Зэхуэкъусын.
Жыраслъэн и жьэм псалъэ къыжьэдэкӀакъым, и натӀэр зэхуилъэфэса фӀэкӀ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 117
3. Зыгуэр зэлъэфэлӀэн, нэпсеягъэкӀэ зэгуэрхэр зэхьэлӀэн.
– Жор зыпщӀэхэлъыр мылъку зэхуилъэфэсар зыхуземыхьэжыр аращ, – шынакъым Мэсхьуди.— Хъуэпсэгъуэ нур, 241
Kitapta geçtiği hali
ЗЭХУЭЛЪЭФЭСЫН (зэхуелъэфэс) лъэӀ. (3). 1. (1). Плъэфурэ зэгуэрхэр зэхуэхьэсын. Бжыхь, набжэ сыт зыхуалъэфэсри Ӏуэ тӀэкӀу ящӀри, Ӏэщ къызэхуахусар абы ираубыдащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 259. 2. (1). Зэхуэкъусын. Жыраслъэн и жьэм псалъэ къыжьэдэкӀакъым, и натӀэр зэхуилъэфэса фӀэкӀ. Хъуэпсэгъуэ нур, 117. 3. (1). Зыгуэр зэлъэфэлӀэн, нэпсеягъэкӀэ зэгуэрхэр зэхьэлӀэн. – Жор зыпщӀэхэлъыр мылъку зэхуилъэфэсар зыхуземыхьэжыр аращ, – шынакъым Мэсхьуди. Хъуэпсэгъуэ нур, 241.