зэхуэкӀуэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(зэхуокӀуэ)

Зыр зым хуэкӀуэн, гъунэгъу зэхуэхъун.

руидти, ехать навстречу друг другу

ЛӀы зэрыӀыгъ хуеблагъэу щилъагъум, Тыгъуэныр абыхэм къапежьащ. ЗэхуэкӀуэурэ гъунэгъу щызэхуэхъум, зэбгъэдэмыхьэпэу лъэныкъуитӀри зэтеувыӀащ. Т. Хь.

Kitapta geçtiği hali

зэхуэкӀуэн (зэхуокӀуэ) неперех. гл. идти, ехать навстречу друг другу / Зыр зым хуэкӀуэн, гъунэгъу зэхуэхъун. ЛӀы зэрыӀыгъ хуеблагъэу щилъагъум, Тыгъуэныр абыхэм къапежьащ. ЗэхуэкӀуэурэ гъунэгъу щызэхуэхъум, зэбгъэдэмыхьэпэу лъэныкъуитӀри зэтеувыӀащ. Т. Хь.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зэхуокӀуэ)

1. Зыр адрейм и унагъуэ ихьэн, зэкӀэлъыкӀуэн.

А тӀум игъащӀэм къамэ къызэхурахакъым, псалъэ мыхъумыщӀи зэжраӀакъым, зэгъунэгъуу псэурти, кхъузанэ хьэху щызэӀах е мафӀэхьэ щызэхуэкӀуэ куэдрэ къэхъурт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 67

+1 örnek

А лъэхъэнэм адыгэхэмрэ абхазхэмрэ я хабзэт гъэ къэс хьэщӀэу зэхуэкӀуэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 57

2. Зэбгъэдыхьэн, зэгъунэгъу хъун.

«Къафэ» жаӀэмэ, «зэхуэкӀуэ» жиӀэу къокӀыр, «Умыхьэулейри» - хъурейуэ къомыкӀухь жыпӀэу аращ – хьэрыпыбзэкӀэ «хьэуэлэр» хъурейуэ къэкӀухьын жиӀэу аращ.— КӀапсэ кӀапэ, 11

3. Зэжьэхэуэн, зэӀусэн.

Кумбым зриубгъуауэ фызыр здисым, гъунэгъу дыдэу зы бомбэ зэрамыщӀэж къыщыуэри, Хьэбибэ зэрыс кумбым и нэпкъитӀыр зэхуэкӀуащ.— Нал къута, 233

Kitapta geçtiği hali

ЗЭХУЭКӀУЭН (зэхуокӀуэ) лъэмыӀ. (4). 1. (2). Зыр адрейм и унагъуэ ихьэн, зэкӀэлъыкӀуэн. А тӀум игъащӀэм къамэ къызэхурахакъым, псалъэ мыхъумыщӀи зэжраӀакъым, зэгъунэгъуу псэурти, кхъузанэ хьэху щызэӀах е мафӀэхьэ щызэхуэкӀуэ куэдрэ къэхъурт. Хъуэпсэгъуэ нур, 67. А лъэхъэнэм адыгэхэмрэ абхазхэмрэ я хабзэт гъэ къэс хьэщӀэу зэхуэкӀуэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 57. 2. (1). Зэбгъэдыхьэн, зэгъунэгъу хъун. «Къафэ» жаӀэмэ, «зэхуэкӀуэ» жиӀэу къокӀыр, «Умыхьэулейри» - хъурейуэ къомыкӀухь жыпӀэу аращ – хьэрыпыбзэкӀэ «хьэуэлэр» хъурейуэ къэкӀухьын жиӀэу аращ. КӀапсэ кӀапэ, 11. 3. (1). Зэжьэхэуэн, зэӀусэн. Кумбым зриубгъуауэ фызыр здисым, гъунэгъу дыдэу зы бомбэ зэрамыщӀэж къыщыуэри, Хьэбибэ зэрыс кумбым и нэпкъитӀыр зэхуэкӀуащ. Нал къута, 233.

Düzeltme Öner

зэхуэкӀуэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.