зэхуэгумэщӀэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэхургумащӀэ)
Зыр адрейм гуапэу, хуэӀэфӀу хущытын.
руласково, нежно относиться друг к другу
Зэдэлъхузэшыпхъур зэхуэгумащӀэщ.
Kitapta geçtiği hali
зэхуэгумэщӀэн (зэхургумащӀэ) неперех. гл. ласково, нежно относиться друг к другу / Зыр адрейм гуапэу, хуэӀэфӀу хущытын. Зэдэлъхузэшыпхъур зэхуэгумащӀэщ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэхуэгумащӀэщ)
Гуапэу зэхущытын.
И псэри тыншыжат [Абу- Дериуш], мы дунейм зигу хэщӀ темытыжу, дыгъуасэ лъы зыгъэжахэр, бжьэцу зэрызехьар зэкӀужарэ я Ӏэпэр зэрыӀыгъыу зэщыгуфӀыкӀыу къеуджэкӀыу, зэкъуэш-зэшыпхъущ жыпӀэну зэхуэгумащӀэу, мэзым щӀэт жыг зэмылӀэужьыгъуэхэр зэрызэзэгъым хуэдэу зым и зэран адрейм емыкӀыу, къуалэбзухэм ещхьыркъабзэу щхьэж и бзэмкӀэ езым фӀэфӀ уэрэдыр жиӀэмэ, я бзэ зэрыщӀэ къыпфӀэщӀу.— Кхъэлэгъунэ, 380
Kitapta geçtiği hali
ЗЭХУЭГУМЭЩӀЭН (зэхуэгумащӀэщ) лъэмыӀ. (1). Гуапэу зэхущытын. И псэри тыншыжат [Абу- Дериуш], мы дунейм зигу хэщӀ темытыжу, дыгъуасэ лъы зыгъэжахэр, бжьэцу зэрызехьар зэкӀужарэ я Ӏэпэр зэрыӀыгъыу зэщыгуфӀыкӀыу къеуджэкӀыу, зэкъуэш-зэшыпхъущ жыпӀэну зэхуэгумащӀэу, мэзым щӀэт жыг зэмылӀэужьыгъуэхэр зэрызэзэгъым хуэдэу зым и зэран адрейм емыкӀыу, къуалэбзухэм ещхьыркъабзэу щхьэж и бзэмкӀэ езым фӀэфӀ уэрэдыр жиӀэмэ, я бзэ зэрыщӀэ къыпфӀэщӀу. Кхъэлэгъунэ, 380.