зэфӀэтын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэфӀэтщ)
1. ЗэфӀэувауэ щытын, лъакъуэкӀэ щытын.
рустоять на ногах
Къэрэгъулу къагъэна щӀалиплӀым я фочхэр хьэзыру яӀыгъыу, мафӀащхьэм зэфӀэту щхьэщытт. Д. М. - Шыр куэдрэ зэфӀэту шхэмэ, и лъакъуэр еубыд.. - жеӀэ лӀым. Ӏуащхь.
Kitapta geçtiği hali
зэфӀэтын (зэфӀэтщ) неперех. гл. 1. стоять на ногах / ЗэфӀэувауэ щытын, лъакъуэкӀэ щытын. Къэрэгъулу къагъэна щӀалиплӀым я фочхэр хьэзыру яӀыгъыу, мафӀащхьэм зэфӀэту щхьэщытт. Д. М. - Шыр куэдрэ зэфӀэту шхэмэ, и лъакъуэр еубыд.. - жеӀэ лӀым. Ӏуащхь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэфӀэтщ)
ЛъакъуэкӀэ щытын.
Езыри [лӀыр] Ӏэпэлъапэсысу ерагъыу зэфӀэт къудейщ, здэкӀуэну и мурадам кӀуэн дзыхь имыщӀыжу.— МелыӀыч, 445
+1 örnek
Шыр зэфӀэту жейрт, жэщ псом гъуэгу тетати и пащхьэм илъ мэкъу тӀэкӀури ишхыртэкъым.— Щынэхужьыкъуэ, 37
Kitapta geçtiği hali
ЗЭФӀЭТЫН (зэфӀэтщ) лъэмыӀ. (5). ЛъакъуэкӀэ щытын. Езыри [лӀыр] Ӏэпэлъапэсысу ерагъыу зэфӀэт къудейщ, здэкӀуэну и мурадам кӀуэн дзыхь имыщӀыжу. МелыӀыч, 445. Шыр зэфӀэту жейрт, жэщ псом гъуэгу тетати и пащхьэм илъ мэкъу тӀэкӀури ишхыртэкъым. Щынэхужьыкъуэ, 37.