зэфӀэкӀын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэфӀокӀ)
КӀэ игъуэтын, и кӀэм нэсын, уха, гъэзэщӀа хъун (Ӏуэху, къалэн).
рузакончиться, разрешиться (о деле, вопросе)
Нурхьэлий и къулыкъум къигъэгушхуауэ и къарум щымысхьу лажьэрт, Ӏуэхур зэфӀэкӀа зэрыхъуным фӀэкӀа зыми емыгупсысу.— КӀыщокъуэ Алим
+1 örnek
Псынэм къикӀыжа хъыджэбзищыр вагон цӀыкӀум къыщекӀуэлӀэжам, трактористхэм я пщыхьэщхьэшхэр зэфӀэкӀат.— ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэдэм
Kitapta geçtiği hali
зэфӀэкӀын (зэфӀокӀ) неперех. гл. закончиться, разрешиться (о деле, вопросе) / КӀэ игъуэтын, и кӀэм нэсын, уха, гъэзэщӀа хъун (Ӏуэху, къалэн). * Нурхьэлий и къулыкъум къигъэгушхуауэ и къарум щымысхьу лажьэрт, Ӏуэхур зэфӀэкӀа зэрыхъуным фӀэкӀа зыми емыгупсысу. КӀ. А. Псынэм къикӀыжа хъыджэбзищыр вагон цӀыкӀум къыщекӀуэлӀэжам, трактористхэм я пщыхьэщхьэшхэр зэфӀэкӀат. Щ. Ӏ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэфӀокӀ)
КӀэ игъуэтын, уха, гъэзэщӀа хъун.
– ПщӀантӀэ закъуэр бгъэкъабзэкӀэ зэфӀэкӀрэ, хьэщӀэм музычкӀэ япежьэмэ, нэхъыфӀт, арщхьэкӀэ оркестрыр иджыпсту хэт иригъэуэн, Дорофеич зоукӀунтӀрие, – жаӀэу псалъэмакъыр Лу и тхьэкӀумэм зэрицырхъэу, зэрыщӀалэ жаныр къигъэлъэгъуащ: – Фыжи инструментыр къафщтэ, – жиӀэри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 558
+2 örnek
ГъэщӀэгъуэныр аракъэ: зыми хьэрэм ишхауэ гу лъататэкъым, яшха-ирафам и уасэр щаткӀэ счетым псори тэмэму иратхэрт, сыту жыпӀэмэ, абы я директор Раисэ МуратовнэкӀэ зэджэр ткӀийт, лей иратхауэ илъэгъуакъэ – зэфӀэкӀат, официанткэр тримыгъэкӀыну Ӏэмал зимыӀэт.— Лъапсэ, 25
[Дэфэрэдж:] Операцэ зи ужь дитыр, насып диӀэмэ, фӀыкӀэ зэфӀэкӀынщ, зыгуэр къэхъужыкъуэмэ, абы [ЛатӀифэ]сабэ зэрыдрипхъеинур си нэгу щӀэтщ, суд унафэкӀэ лӀар зэгуэгъэжын хуей хъумэ, комиссэм езыр яхэту къэсынщ, вжесӀатэкъэ операцэ фымыщӀ жысӀэу, фыкъызэдэӀуакъым, нтӀэ, фи цыр фхуэсщынщ нобэ жиӀэу.— Лъапсэ, 16
Kitapta geçtiği hali
ЗЭФӀЭКӀЫН (зэфӀокӀ) лъэмыӀ. (134). КӀэ игъуэтын, уха, гъэзэщӀа хъун. – ПщӀантӀэ закъуэр бгъэкъабзэкӀэ зэфӀэкӀрэ, хьэщӀэм музычкӀэ япежьэмэ, нэхъыфӀт, арщхьэкӀэ оркестрыр иджыпсту хэт иригъэуэн, Дорофеич зоукӀунтӀрие, – жаӀэу псалъэмакъыр Лу и тхьэкӀумэм зэрицырхъэу, зэрыщӀалэ жаныр къигъэлъэгъуащ: – Фыжи инструментыр къафщтэ, – жиӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 558. ГъэщӀэгъуэныр аракъэ: зыми хьэрэм ишхауэ гу лъататэкъым, яшха-ирафам и уасэр щаткӀэ счетым псори тэмэму иратхэрт, сыту жыпӀэмэ, абы я директор Раисэ МуратовнэкӀэ зэджэр ткӀийт, лей иратхауэ илъэгъуакъэ – зэфӀэкӀат, официанткэр тримыгъэкӀыну Ӏэмал зимыӀэт. Лъапсэ, 25. [Дэфэрэдж:] Операцэ зи ужь дитыр, насып диӀэмэ, фӀыкӀэ зэфӀэкӀынщ, зыгуэр къэхъужыкъуэмэ, абы [ЛатӀифэ]сабэ зэрыдрипхъеинур си нэгу щӀэтщ, суд унафэкӀэ лӀар зэгуэгъэжын хуей хъумэ, комиссэм езыр яхэту къэсынщ, вжесӀатэкъэ операцэ фымыщӀ жысӀэу, фыкъызэдэӀуакъым, нтӀэ, фи цыр фхуэсщынщ нобэ жиӀэу. Лъапсэ, 16.