зэфӀэгъэкӀыжын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэфӀегъэкӀыж)
ГъэзэщӀэжын, уэр-уэру зэфӀэгъэкӀын.
Езым и щхьэ Ӏуэху зэфӀигъэкӀыжынт, ауэ сабий быныр къэбгъанэу дауэ уежьэжын, къулейсыз хъункъэ унагъуэр.— Хъуэпсэгъуэ нур, 122
+2 örnek
Саримэ и щхьэ Ӏуэху езым зэфӀигъэкӀыжынщ, – жиӀэри Елдар хьэмфӀанэр ину иӀэту хадэ ипщӀэу ежьэжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 133
– УкъыздэӀэпыкъу закъуэмэ, нэгъуэщӀ дыхуейкъым, адрейр дэ зэфӀэдгъэкӀыжынщ, – жиӀэри хьэщӀэр зыхуейм кӀэ иритащ, къэнэжар езы бысымыр зыхуейрат.— Лъапсэ, 87
Kitapta geçtiği hali
ЗЭФӀЭГЪЭКӀЫЖЫН (зэфӀегъэкӀыж) лъэӀ. (3). ГъэзэщӀэжын, уэр-уэру зэфӀэгъэкӀын. Езым и щхьэ Ӏуэху зэфӀигъэкӀыжынт, ауэ сабий быныр къэбгъанэу дауэ уежьэжын, къулейсыз хъункъэ унагъуэр. Хъуэпсэгъуэ нур, 122. Саримэ и щхьэ Ӏуэху езым зэфӀигъэкӀыжынщ, – жиӀэри Елдар хьэмфӀанэр ину иӀэту хадэ ипщӀэу ежьэжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 133. – УкъыздэӀэпыкъу закъуэмэ, нэгъуэщӀ дыхуейкъым, адрейр дэ зэфӀэдгъэкӀыжынщ, – жиӀэри хьэщӀэр зыхуейм кӀэ иритащ, къэнэжар езы бысымыр зыхуейрат. Лъапсэ, 87.