зэфӀын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэфӀщ)
Зыр зым ифӀу щытын; жагъуэгъугъэ, биигъэ, къайгъэ зэхуамыӀэн.
рубыть в хороших отношениях друг с другом
ЛъэпкъитӀыр зэфӀщ. Нэхъапэхэм щыгъуэ Римымрэ Карфагенрэ зэфӀу щытащ. Ижь. д. и ист.
Kitapta geçtiği hali
зэфӀын (зэфӀщ) неперех. гл. быть в хороших отношениях друг с другом / Зыр зым ифӀу щытын; жагъуэгъугъэ, биигъэ, къайгъэ зэхуамыӀэн. ЛъэпкъитӀыр зэфӀщ. Нэхъапэхэм щыгъуэ Римымрэ Карфагенрэ зэфӀу щытащ. Ижь. д. и ист.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэфӀщ)
ФӀыуэ зэхущытын; жэгъуэгъугъэ, биигъэ зэхуамыӀэн.
Иналрэ Къазджэрийрэ зэфӀкъым, игъащӀэми зоныкъуэкъу, жаӀэу куэдым къапсэлъу щытами, иджы мес еплъ, тӀури зы машинэм ису гъуэгу тетщ, ауэ, нобэ Лу къызэрыфӀэщӀым хуэдэу, а лӀитӀыр зэщыгуфӀыкӀыу къэгъуэгурыкӀуакъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 527
+2 örnek
Сыт лъэпкъи ирехъу, мэкъумэшыщӀэхэр, рабочэхэр зэшщ, диныр аракъым цӀыхур зэкъуэш зыщӀыр, зэдэлэжьэныр аращ, рабочэ муслъымэныр рабочэ чристэным и къуэшщ, муслъымэн къулейсызыр джаур помещикым жыжьэу зригъэкӀуэлӀэнукъым, ауэ пщымрэ помещикымрэ зэфӀынущ, я диныр зырызми.— Хъуэпсэгъуэ нур, 177
Аннэрэ абырэ [ЛатӀифэрэ] зэфӀ дыдэу щытати, иджы зэфӀэкӀуэдыжащи, нэмыплъ зрах, си отпуск къэзгъанэу къэзгъэзэжауэ ЛэтӀифэ ищӀэмэ, си фӀэщ хъунукъым ар абы и гуапэ хъуну, уеблэмэ адэ-мыдэкӀэ и пэр диӀуу хуежьэнщ.— Лъапсэ, 8
Kitapta geçtiği hali
ЗЭФӀЫН (зэфӀщ) лъэмыӀ. (3). ФӀыуэ зэхущытын; жэгъуэгъугъэ, биигъэ зэхуамыӀэн. Иналрэ Къазджэрийрэ зэфӀкъым, игъащӀэми зоныкъуэкъу, жаӀэу куэдым къапсэлъу щытами, иджы мес еплъ, тӀури зы машинэм ису гъуэгу тетщ, ауэ, нобэ Лу къызэрыфӀэщӀым хуэдэу, а лӀитӀыр зэщыгуфӀыкӀыу къэгъуэгурыкӀуакъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 527. Сыт лъэпкъи ирехъу, мэкъумэшыщӀэхэр, рабочэхэр зэшщ, диныр аракъым цӀыхур зэкъуэш зыщӀыр, зэдэлэжьэныр аращ, рабочэ муслъымэныр рабочэ чристэным и къуэшщ, муслъымэн къулейсызыр джаур помещикым жыжьэу зригъэкӀуэлӀэнукъым, ауэ пщымрэ помещикымрэ зэфӀынущ, я диныр зырызми. Хъуэпсэгъуэ нур, 177. Аннэрэ абырэ [ЛатӀифэрэ] зэфӀ дыдэу щытати, иджы зэфӀэкӀуэдыжащи, нэмыплъ зрах, си отпуск къэзгъанэу къэзгъэзэжауэ ЛэтӀифэ ищӀэмэ, си фӀэщ хъунукъым ар абы и гуапэ хъуну, уеблэмэ адэ-мыдэкӀэ и пэр диӀуу хуежьэнщ. Лъапсэ, 8.