зэупщӀыжын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(зоупщӀыж)

1. Зыр зым еупщӀын, УпщӀэ зратын.

руспросить, попросить друг у друга (напр. совета)

Бэдын хэт къытхуишэн? - жаӀэри а нарт гупыр зэупщӀыжащ.— Нартхэр

+1 örnek

Пщы- уэркъхэм гъэщӀэгъуэн ящохъу Ермоловым и псалъэр. Куэдыр зэупщӀыжхэрт: - Дэнэ абы щищӀэр адыгэпщ Темрыкъуэ зэрихьа лӀыгъэхэр?— Шортэн Аскэрбий

2. Уи щхьэм уеупщӀыжын, упщӀэ зэтыжын.

руспросить самого себя

Си Ӏэр сшиящ, бжэр Ӏусхыну. АрщхьэкӀэ есхьэхыжри сызэупщӀыжащ: - Жэуапу сыт директорым естынур?— Теунэ Хьэчим

+1 örnek

ЗэманкӀэрэ езыр {Хьэмидбий} зоупщӀыж: - Дауэ? Апхуэдизу щхьэ си гум ежэлӀа Къэрэжан Зэчрей зэрыӀущӀэр?— ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр

Kitapta geçtiği hali

зэупщӀыжын (зоупщӀыж) неперех. гл. 1. спросить, попросить друг у друга (напр. совета) / Зыр зым еупщӀын, УпщӀэ зратын. * Бэдын хэт къытхуишэн? - жаӀэри а нарт гупыр зэупщӀыжащ. Нарт. Пщы- уэркъхэм гъэщӀэгъуэн ящохъу Ермоловым и псалъэр. Куэдыр зэупщӀыжхэрт: - Дэнэ абы щищӀэр адыгэпщ Темрыкъуэ зэрихьа лӀыгъэхэр? Ш. А. 2. спросить самого себя / Уи щхьэм уеупщӀыжын, упщӀэ зэтыжын. * Си Ӏэр сшиящ, бжэр Ӏусхыну. АрщхьэкӀэ есхьэхыжри сызэупщӀыжащ: - Жэуапу сыт директорым естынур? Т. Хь. ЗэманкӀэрэ езыр {Хьэмидбий} зоупщӀыж: - Дауэ? Апхуэдизу щхьэ си гум ежэлӀа Къэрэжан Зэчрей зэрыӀущӀэр? Хь. Хь.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зоупщӀыж)

Зым адрейм еупщӀын; зэчэнджэщын.

Курсантхэр езыр-езыру зэупщӀыжат: – Мэтхъэн Къазджэрий къэкӀуэнур?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 558

+2 örnek

– Хэт дохутырыр? ПщӀэрэ? – жаӀэу Зэхуэзахэр зоупщӀыж.— Дохутыр. «Мывэ хуабэ», 34

Хэт Ӏущыр, щыжаӀэм, упщӀэр Ӏущщ, жаӀащи, дызэвгъэупщӀыж, дызэвгъэчэнджэщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 249

Kitapta geçtiği hali

ЗЭУПЩӀЫЖЫН (зоупщӀыж) лъэмыӀ. (3). Зым адрейм еупщӀын; зэчэнджэщын. Курсантхэр езыр-езыру зэупщӀыжат: – Мэтхъэн Къазджэрий къэкӀуэнур? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 558. – Хэт дохутырыр? ПщӀэрэ? – жаӀэу Зэхуэзахэр зоупщӀыж. Дохутыр. «Мывэ хуабэ», 34. Хэт Ӏущыр, щыжаӀэм, упщӀэр Ӏущщ, жаӀащи, дызэвгъэупщӀыж, дызэвгъэчэнджэщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 249.

Düzeltme Öner

зэупщӀыжын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.