зэунэкъуэщ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Зэлъэпкъэгъу, зы лъэпкъым, зы унагъуэм къытещӀыкӀауэ щхьэху-щхьэхуэу псэу.
рупредставители одного рода
Зэунэкъуэщ хъыджэбзхэр. Зэунэкъуэщ щӀалэхэр.
Kitapta geçtiği hali
зэунэкъуэщ представители одного рода / Зэлъэпкъэгъу, зы лъэпкъым, зы унагъуэм къытещӀыкӀауэ щхьэху-щхьэхуэу псэу. Зэунэкъуэщ хъыджэбзхэр. Зэунэкъуэщ щӀалэхэр.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Зы лъэпкъым щыщ, зы унагъуэм къытепщӀыкӀауэ щхьэхуэ-щхьэхуэу псэу.
Гъэшым и Ӏуэхур нэхъ тыншщ, жэмышу фермэм тет цӀыхубзхэр е зэнысэгъущ, е зэшыпхъущ, е зэунэкъуэщщи, колхоз тхьэмадэр къокӀуэри унафэ ещӀ хэт и жэмхэм нэхъ шэ нэхъыбэ къащӀишын хуейми, абы хуэдэу Ӏэтащхьэр нэфӀкӀэ зэплъа цӀыхубзым етын хуейщ шэ шынакъ махуэ къэс уи жэмхэм къыщӀэпшым щыщ, а цӀыхубзыр нэхъапэ щӀыкӀэ «Доска почетым» къытехуэу, абы и гугъу газетхэми ятхын щхьэкӀэ.— Лъапсэ, 97
+2 örnek
Зэунэкъуэщу а тӀур щымытми, диверсантым и гугъащ, «сыуидэлъхущ», жиӀэу хъыджэбзыр къигъэпцӀэну.— Щынэхужьыкъуэ, 68
Махуэ къэс къуажэм зыгуэрхэр къыдотӀсыхьэ: къэзакъхэр зэрыӀыгъыу къоӀэпхъуэ, осетинхэри хьэблэ-хьэблэ зэрыгъэхъуу къокӀуэри зэунэкъуэщхэр зэгъунэгъуу мэтӀыс, нэхъ унэфӀхэр зэпаубыдри къэзакъхэмрэ осетинхэмрэ щызэфӀэни щызэзэуапи къохъур.— МелыӀыч, 468
Kitapta geçtiği hali
ЗЭУНЭКЪУЭЩ (3). Зы лъэпкъым щыщ, зы унагъуэм къытепщӀыкӀауэ щхьэхуэ-щхьэхуэу псэу. Гъэшым и Ӏуэхур нэхъ тыншщ, жэмышу фермэм тет цӀыхубзхэр е зэнысэгъущ, е зэшыпхъущ, е зэунэкъуэщщи, колхоз тхьэмадэр къокӀуэри унафэ ещӀ хэт и жэмхэм нэхъ шэ нэхъыбэ къащӀишын хуейми, абы хуэдэу Ӏэтащхьэр нэфӀкӀэ зэплъа цӀыхубзым етын хуейщ шэ шынакъ махуэ къэс уи жэмхэм къыщӀэпшым щыщ, а цӀыхубзыр нэхъапэ щӀыкӀэ «Доска почетым» къытехуэу, абы и гугъу газетхэми ятхын щхьэкӀэ. Лъапсэ, 97. Зэунэкъуэщу а тӀур щымытми, диверсантым и гугъащ, «сыуидэлъхущ», жиӀэу хъыджэбзыр къигъэпцӀэну. Щынэхужьыкъуэ, 68. Махуэ къэс къуажэм зыгуэрхэр къыдотӀсыхьэ: къэзакъхэр зэрыӀыгъыу къоӀэпхъуэ, осетинхэри хьэблэ-хьэблэ зэрыгъэхъуу къокӀуэри зэунэкъуэщхэр зэгъунэгъуу мэтӀыс, нэхъ унэфӀхэр зэпаубыдри къэзакъхэмрэ осетинхэмрэ щызэфӀэни щызэзэуапи къохъур. МелыӀыч, 468.