зэтеӀыгъэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(зэтреӀыгъэ)

1. Мыгъэджалэу, емыгъэхуэхыу Ӏыгъын.

руудержать кого-что-л. (не давая упасть)

Сымаджэр мыгъэджалэу зэтеӀыгъэн.

2. Имыгъэхъейуэ, имыгъакӀуэу Ӏыгъын е йумыгъащӀэӀауэ пэщӀэтын.

руудержать кого-что-л. от чего-л.

Уэ нэхъыфӀу зыми ищӀэркъым си адэм и адэж Цац, Къэбэрдейр зауэшхуэм хэкӀуэдэпэнущ, жиӀэу Россием иримыгъэзауэу зэтриӀыгъэу зэрыщытар.— КӀыщокъуэ Алим

+1 örnek

Дакъикъэ зыхыблкӀэ зэтраӀыгъащ абыхэм нэмыцэхэр.— Къардэн Бубэ

3. Екъухын, зэтеубыдэн (гъын, дыххьэшхын, нэпс сыт хуэдэхэр).

руподавлять, сдерживать (рыдания, слезы и т. п.)

И дыхьэшхыныр ерагъкӀэ зэтриӀыгъэу прицепщицэм жэуап ет: - Хьэуэ, хьэуэ, товарищ бригадир, дэ иджы апхуэдэу дыӀэрубыдыжкъым.— ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэдэм

+2 örnek

И гъыныр зэрылъэкӀкӀэ хъыджэбзым зэтриӀыгъащ, арщхьэкӀэ хуэмышыӀэу, езыр-езыру къэкӀуа нэпсхэм абы и нитӀыр хъарпшэр къащӀ.— ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэдэм

Сэ гу лъыстащ ар {хъыджэбзыр} мащӀэу къызэрыкӀэзызам; абы и бгъэр зэм лъагэу иӀэтырт, зэми къысфӀэщӀырт и бэуэгъуэр зэтриӀыгъэу.— Къэбэрдей

4. Гъэгувэн.

рузадержать кого-что-л. на какое-л. время

МТС-м и директор лӀы гъум цӀыкӀур абы {Мэжид} дыдж-дыджу къехъурджэуат: - Мыр нысаплъэ укъэкӀуакъым, дызэтумыӀыгъэ, - жиӀэу.— ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр

Kitapta geçtiği hali

зэтеӀыгъэн (зэтреӀыгъэ) перех. гл. 1. удержать кого-что-л. (не давая упасть) / Мыгъэджалэу, емыгъэхуэхыу Ӏыгъын. Сымаджэр мыгъэджалэу зэтеӀыгъэн. 2. переносное удержать кого-что-л. от чего-л. / Имыгъэхъейуэ, имыгъакӀуэу Ӏыгъын е йумыгъащӀэӀауэ пэщӀэтын. * Уэ нэхъыфӀу зыми ищӀэркъым си адэм и адэж Цац, Къэбэрдейр зауэшхуэм хэкӀуэдэпэнущ, жиӀэу Россием иримыгъэзауэу зэтриӀыгъэу зэрыщытар. КӀ. А. Дакъикъэ зыхыблкӀэ зэтраӀыгъащ абыхэм нэмыцэхэр. Къ. Б. 3. подавлять, сдерживать (рыдания, слезы и т. п.) / Екъухын, зэтеубыдэн (гъын, дыххьэшхын, нэпс сыт хуэдэхэр). * И дыхьэшхыныр ерагъкӀэ зэтриӀыгъэу прицепщицэм жэуап ет: - Хьэуэ, хьэуэ, товарищ бригадир, дэ иджы апхуэдэу дыӀэрубыдыжкъым. Щ. Ӏ. И гъыныр зэрылъэкӀкӀэ хъыджэбзым зэтриӀыгъащ, арщхьэкӀэ хуэмышыӀэу, езыр-езыру къэкӀуа нэпсхэм абы и нитӀыр хъарпшэр къащӀ. Щ. Ӏ. Сэ гу лъыстащ ар {хъыджэбзыр} мащӀэу къызэрыкӀэзызам; абы и бгъэр зэм лъагэу иӀэтырт, зэми къысфӀэщӀырт и бэуэгъуэр зэтриӀыгъэу. Къэб. 4. задержать кого-что-л. на какое-л. время / Гъэгувэн. * МТС-м и директор лӀы гъум цӀыкӀур абы {Мэжид} дыдж-дыджу къехъурджэуат: - Мыр нысаплъэ укъэкӀуакъым, дызэтумыӀыгъэ, - жиӀэу. Хь. Хь.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зэтреӀыгъэ)

1. УмыгъакӀуэу пӀыгъын, иумыгъащӀэӀауэ пэщӀэтын.

Жансэхъуи Сосрыкъуи зэрыгъэкӀийрт, курсант цӀыкӀухэр зэтраӀыгъэну, арщхьэкӀэ, къызылъымысым и махуэ мыгъуэу, ежауэ хьэлыгъуанэр зэбграхыу хуежьащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 557

+2 örnek

Хэти къыгуроӀуэ Локотош и отрядым куэдрэ нэмыцэр зэтраӀыгъэу зэрыпэщӀэмытыфынур.— Нал къута, 293

[Пасэрейхэм зэмылъэпкъэгъум я щылъхуитӀ зэрашалӀэмэ, я лъабжьэр ягъэбыдэрт]. Абы зэтримыӀыгъатэмэ, лъэпкъыр жьгъей хъу зэпытурэ хэшыпсыхьыпэу хэкӀуэдэжынкӀи хъурт.— Лъапсэ, 65

2. Зыхуэгъэшэчын, зышыӀэн, екъухын.

Уи гъын итӀани зэтеӀыгъэ – Нэпсым мывэшхуэр зэгуеуд.— Нэпс. «Дамыгъэ», 90

Kitapta geçtiği hali

ЗЭТЕӀЫГЪЭН (зэтреӀыгъэ) лъэӀ. (7). 1. (6). УмыгъакӀуэу пӀыгъын, иумыгъащӀэӀауэ пэщӀэтын. Жансэхъуи Сосрыкъуи зэрыгъэкӀийрт, курсант цӀыкӀухэр зэтраӀыгъэну, арщхьэкӀэ, къызылъымысым и махуэ мыгъуэу, ежауэ хьэлыгъуанэр зэбграхыу хуежьащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 557. Хэти къыгуроӀуэ Локотош и отрядым куэдрэ нэмыцэр зэтраӀыгъэу зэрыпэщӀэмытыфынур. Нал къута, 293. [Пасэрейхэм зэмылъэпкъэгъум я щылъхуитӀ зэрашалӀэмэ, я лъабжьэр ягъэбыдэрт]. Абы зэтримыӀыгъатэмэ, лъэпкъыр жьгъей хъу зэпытурэ хэшыпсыхьыпэу хэкӀуэдэжынкӀи хъурт. Лъапсэ, 65. 2. (1). Зыхуэгъэшэчын, зышыӀэн, екъухын. Уи гъын итӀани зэтеӀыгъэ – Нэпсым мывэшхуэр зэгуеуд. Нэпс. «Дамыгъэ», 90.

Düzeltme Öner

зэтеӀыгъэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.