зэтеукӀэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэтреукӀэ)
ГъущӀ Ӏунэ сыт хуэдэкӀэ зэрыгъэубыдын, уеуэурэ зыр зым теукӀэн (пхъэбгъухэр). Пхъэхэр зэтеукӀэн.
русбить, сколотить друг с другом
(зэтреукӀэ)
Куэд укӀын, куэдым я псэ гъэнын.
руперебить, перестрелять (многих)
Ингушетием щызэхуэса партизанхэр зэтраукӀэн мурадыр яӀэу кӀэдетыдзэр кӀуат.— Ӏуащхьэмахуэ
+2 örnek
ХьэтӀохъущокъуэр я пашэу къэбэрдейм хъаныдзэр зэтраукӀащ.— ӀуэрыӀуатэ
ИкӀэм {Джэдуужьым} къигупсысащ, ӀэмалкӀэ дзыгъуэхэр псори зэхуишэсу зэтриукӀэну.— Дыщэ кӀанэ
Kitapta geçtiği hali
зэтеукӀэн I (зэтреукӀэ) перех. гл. сбить, сколотить друг с другом / ГъущӀ Ӏунэ сыт хуэдэкӀэ зэрыгъэубыдын, уеуэурэ зыр зым теукӀэн (пхъэбгъухэр). Пхъэхэр зэтеукӀэн. II (зэтреукӀэ) перех. гл. перебить, перестрелять (многих) / Куэд укӀын, куэдым я псэ гъэнын. * Ингушетием щызэхуэса партизанхэр зэтраукӀэн мурадыр яӀэу кӀэдетыдзэр кӀуат. Ӏуащхь. ХьэтӀохъущокъуэр я пашэу къэбэрдейм хъаныдзэр зэтраукӀащ. фольк. ИкӀэм {Джэдуужьым} къигупсысащ, ӀэмалкӀэ дзыгъуэхэр псори зэхуишэсу зэтриукӀэну. Дыщэ кӀ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэтреукӀэ)
Куэд укӀын, куэдым я псэ гъэнын.
Къуажэм щыщ къэмынэу зэтрикъутауэ, псэ зыӀути къэмынэу зэтраукӀауэ арат псоми я гугъэр, Шкуро и дзэр Налшык теуэу арат.— Хъуэпсэгъуэ нур, 284
+2 örnek
ХьэтӀрэмтӀыгу дэсыр щызэтраукӀэм, сулътӀаным и зы къуэш гуэри хэкӀуэдауэ къыщӀэкӀри, тырку пащтыхьым адыгэр игъэпшынэу лъы уасэу (чалнам) къаӀихыну унафэ ищӀащ щӀалэу минрэ щитхурэ, абы ищӀыӀужкӀэ жэщтеуэм хэтауэ хъуам анэмэту къуэ зырыз тырку пащтыхьым иратыну, адыгэпщхэр зэхуэсри зэгурыӀуащ урыс пащтыхьым деж лӀыкӀуэ ягъакӀуэу елъэӀуну, «Тыркумрэ кърым хъанымрэ я хъыбарыфӀ жаӀэу игъащӀэм зэхэтхакъым, а тӀум даӀэщӀэмыкӀуадэу дыкъегъэл» жаӀэу.— Лъапсэ, 59
ЩӀытӀым итри исри бомбэкӀэ хьэбэсабэ ящӀа нэужь, Къэрэмырзэ и дзэр шым епсыхщ, я къамэ, я сэшхуэ, нэгъуэщӀ къехьэлъэкӀын илъэпкъыр зыкӀэрахауэ, ныбапхъэкӀэ пщыуэрэ, бий ундэрэщхъуам гу къылъамытэу, йопщылӀэри, сигнал зэредгъэлъагъуу, зыкъаӀэтри зы напӀэзыпӀэм бийм я быдапӀэм тоуэри топышэмрэ бомбэмрэ къелар зэтраукӀэри къалэр къащтэ.— Лыгъэ, 410
Kitapta geçtiği hali
ЗЭТЕУКӀЭН (зэтреукӀэ) лъэӀ. (4). Куэд укӀын, куэдым я псэ гъэнын. Къуажэм щыщ къэмынэу зэтрикъутауэ, псэ зыӀути къэмынэу зэтраукӀауэ арат псоми я гугъэр, Шкуро и дзэр Налшык теуэу арат. Хъуэпсэгъуэ нур, 284. ХьэтӀрэмтӀыгу дэсыр щызэтраукӀэм, сулътӀаным и зы къуэш гуэри хэкӀуэдауэ къыщӀэкӀри, тырку пащтыхьым адыгэр игъэпшынэу лъы уасэу (чалнам) къаӀихыну унафэ ищӀащ щӀалэу минрэ щитхурэ, абы ищӀыӀужкӀэ жэщтеуэм хэтауэ хъуам анэмэту къуэ зырыз тырку пащтыхьым иратыну, адыгэпщхэр зэхуэсри зэгурыӀуащ урыс пащтыхьым деж лӀыкӀуэ ягъакӀуэу елъэӀуну, «Тыркумрэ кърым хъанымрэ я хъыбарыфӀ жаӀэу игъащӀэм зэхэтхакъым, а тӀум даӀэщӀэмыкӀуадэу дыкъегъэл» жаӀэу. Лъапсэ, 59. ЩӀытӀым итри исри бомбэкӀэ хьэбэсабэ ящӀа нэужь, Къэрэмырзэ и дзэр шым епсыхщ, я къамэ, я сэшхуэ, нэгъуэщӀ къехьэлъэкӀын илъэпкъыр зыкӀэрахауэ, ныбапхъэкӀэ пщыуэрэ, бий ундэрэщхъуам гу къылъамытэу, йопщылӀэри, сигнал зэредгъэлъагъуу, зыкъаӀэтри зы напӀэзыпӀэм бийм я быдапӀэм тоуэри топышэмрэ бомбэмрэ къелар зэтраукӀэри къалэр къащтэ. Лыгъэ, 410.