зэтетын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэтетщ)
1. Зым и щхьэ зыр тетын.
рустоять друг на друге
Ашыкхэр зэтетщ.
2. КъатитӀ, къатищ е нэхъыбэ иӀэн (унэм).
руиметь этажи, состоять из этажей (о здании)
Инал зыщӀэс унэр тӀууэ зэтетт, и щӀагъым окружкомыр щӀэсу, езым этаж етӀуанэм фэтэр щиӀыгът.— КӀыщокъуэ Алим
+1 örnek
{А уэрамхэм тет} унэхэм я нэхъыбэр къатитӀу зэтетт, къызыхэщӀыкӀар пхъэ зэтеупщӀэт, бжэ зэвхэт, щхьэгъубжэ бгъузэхэт.— Шортэн Аскэрбий
Kitapta geçtiği hali
зэтетын (зэтетщ) неперех. гл. 1. стоять друг на друге / Зым и щхьэ зыр тетын. Ашыкхэр зэтетщ. 2. иметь этажи, состоять из этажей (о здании) / КъатитӀ, къатищ е нэхъыбэ иӀэн (унэм). * Инал зыщӀэс унэр тӀууэ зэтетт, и щӀагъым окружкомыр щӀэсу, езым этаж етӀуанэм фэтэр щиӀыгът. КӀ. А. {А уэрамхэм тет} унэхэм я нэхъыбэр къатитӀу зэтетт, къызыхэщӀыкӀар пхъэ зэтеупщӀэт, бжэ зэвхэт, щхьэгъубжэ бгъузэхэт. Ш. А.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэтетщ)
КъатитӀ, къатищ е нэхъыбэ иӀэн (п.п. унэм).
Уи къуэфӀхэр текӀуэм, салют щептуи Площадь мывалъэу убгъуам, Уи унэ хужьхэу ин зэтету Плакатым иту сэ слъэгъуам, ХуэсщӀыну щхьэщэ сыкъэкӀуауэ, Аузым хуэдэу, уи уэрамхэм Сыдэтщ, насыпым чэф сищӀауэ.— Сэлэт сэлам. «Шум и гъуэгу», 7
+2 örnek
Инал зыщӀэс унэр тӀууэ зэтетт, и щӀагъым окружкомыр щӀэсу, езым этаж етӀуанэм фэтэр щиӀыгът.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 672
Революцэм и пэкӀэ унэр Кушмэзокъуэхэ ящыщ гуэрым иригъэщӀат, тӀууэ зэтету, и щӀагъыр пэш инышхуитӀрэ сату щащӀу, и щӀыӀур пэш зытхух хуэдиз хъурэ бынунэр щӀэсу.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 522
Kitapta geçtiği hali
ЗЭТЕТЫН (зэтетщ) лъэмыӀ. (13). КъатитӀ, къатищ е нэхъыбэ иӀэн (п.п. унэм). Уи къуэфӀхэр текӀуэм, салют щептуи Площадь мывалъэу убгъуам, Уи унэ хужьхэу ин зэтету Плакатым иту сэ слъэгъуам, ХуэсщӀыну щхьэщэ сыкъэкӀуауэ, Аузым хуэдэу, уи уэрамхэм Сыдэтщ, насыпым чэф сищӀауэ. Сэлэт сэлам. «Шум и гъуэгу», 7. Инал зыщӀэс унэр тӀууэ зэтетт, и щӀагъым окружкомыр щӀэсу, езым этаж етӀуанэм фэтэр щиӀыгът. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 672. Революцэм и пэкӀэ унэр Кушмэзокъуэхэ ящыщ гуэрым иригъэщӀат, тӀууэ зэтету, и щӀагъыр пэш инышхуитӀрэ сату щащӀу, и щӀыӀур пэш зытхух хуэдиз хъурэ бынунэр щӀэсу. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 522.