зэтес
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
КумблӀэмб зимыӀэ, (щӀыпӀэ) захуэ.
руровный, плоский, гладкий (о местности)
ЩӀыӀэнэщӀ зэтес гуэр сызэпрыжын хуей хъуауэ, занщӀэу сыӀууащ нетӀэ зи гугъу сщӀа хъыджэбз щӀалэм.— Ӏуащхьэмахуэ
2. Еплъ: зэтет
ЦӀыху зэтес. Акъыл зэтес.
+1 örnek
ЯгъэщӀагъуэр бояр цӀыхухэм, ялъэгъуамэ адыгэлӀхэр, шыпэху тесхэр, лӀы зэтесхэр.— Щомахуэ Амырхъан
Bu maddedeki ifadeler (2)
зэтес хъун (щӀыжын)
руприйти в порядок, упорядочиться.
И гур зэтес хъужауэ, и цӀэр Ермоловым псоми зэхахыу къызэрыриӀуам ирипагэу Шех-Алий-Хъан и щытыпӀэм дохьэж.— Шортэн Аскэрбий
+1 örnek
Рощинхэ я псэукӀэр нэхъ зэтес хъужа нэужь, Степан Игнатьевич дзэм хохьэ лекару.— Шортэн Аскэрбий
зэтес щӀын
рупривести что-л. в порядок, в нормальное состояние.
Лъэпкъ Ӏуэхур зэтес щӀын папщӀэ, лъэпкъыр гъэпщылӀыныр гъэкӀуэдынымрэ народхэр хуитыныгъэкӀэ зэхуэдэнымрэ теухуауэ лэжьыгъэ куэд щыӀэщ.— Ӏуащхьэмахуэ
Kitapta geçtiği hali
зэтес I ровный, плоский, гладкий (о местности) / КумблӀэмб зимыӀэ, (щӀыпӀэ) захуэ. * ЩӀыӀэнэщӀ зэтес гуэр сызэпрыжын хуей хъуауэ, занщӀэу сыӀууащ нетӀэ зи гугъу сщӀа хъыджэбз щӀалэм. Ӏуащхь. 2. см. зэтет II. ЦӀыху зэтес. Акъыл зэтес. * ЯгъэщӀагъуэр бояр цӀыхухэм, ялъэгъуамэ адыгэлӀхэр, шыпэху тесхэр, лӀы зэтесхэр. Щ. Ам. Зэтес хъун (щӀыжын) прийти в порядок, упорядочиться. * И гур зэтес хъужауэ, и цӀэр Ермоловым псоми зэхахыу къызэрыриӀуам ирипагэу Шех-Алий-Хъан и щытыпӀэм дохьэж. Ш. А. Рощинхэ я псэукӀэр нэхъ зэтес хъужа нэужь, Степан Игнатьевич дзэм хохьэ лекару. Ш. А. Зэтес щӀын привести что-л. в порядок, в нормальное состояние. * Лъэпкъ Ӏуэхур зэтес щӀын папщӀэ, лъэпкъыр гъэпщылӀыныр гъэкӀуэдынымрэ народхэр хуитыныгъэкӀэ зэхуэдэнымрэ теухуауэ лэжьыгъэ куэд щыӀэщ. Ӏуащхь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Тэмэм щӀын, зэгъэзэхуэн.
Пэжу жыпӀэмэ, Алыхьырщ зыщӀэр Щхьэлмывэкъуэ быркъуэшыркъуагъэу дэлъыр, ауэ а псори хэт зэтес ищӀыфын.— Хъуэпсэгъуэ нур, 208
+1 örnek
Зэрыслъэгъуауэ слъэкӀатэм, ФӀыщӀэр хэт хуейми лърес, Усэ къарукӀэ, си къуэшхэ, Дунейр фхуэсщӀынут зэтес.— СӀыгът кхъуей хъурейуэ сэ мазэр. «Дамыгъэ», 214
Kitapta geçtiği hali
ЗЭТЕС: ЗЭТЕС ЩӀЫН (2). Тэмэм щӀын, зэгъэзэхуэн. Пэжу жыпӀэмэ, Алыхьырщ зыщӀэр Щхьэлмывэкъуэ быркъуэшыркъуагъэу дэлъыр, ауэ а псори хэт зэтес ищӀыфын. Хъуэпсэгъуэ нур, 208. Зэрыслъэгъуауэ слъэкӀатэм, ФӀыщӀэр хэт хуейми лърес, Усэ къарукӀэ, си къуэшхэ, Дунейр фхуэсщӀынут зэтес. СӀыгът кхъуей хъурейуэ сэ мазэр. «Дамыгъэ», 214.