зэтеплъэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэтоплъэ)
Зыр зым теплъэн, напӀэзыпӀэкӀэ зэрылъагъун.
руувидеться мельком
Bu maddedeki ifadeler (1)
зэтеплъэ мыхъун
руненавидеть друг друга.
Хьэжымрэ Астемыррэ зэтеплъэ мыхъуу арат.— КӀыщокъуэ Алим
+1 örnek
Мис абы {жэщым} къыщыщӀэдзауэ Бэрзэджхэрэ Бэлэтокъуэхэрэ зэтеплъэ хъуртэкъым.— Шортэн Аскэрбий
Kitapta geçtiği hali
зэтеплъэн (зэтоплъэ) неперех. гл. увидеться мельком / Зыр зым теплъэн, напӀэзыпӀэкӀэ зэрылъагъун. Зэтеплъэ мыхъун ненавидеть друг друга. * Хьэжымрэ Астемыррэ зэтеплъэ мыхъуу арат. КӀ. А. Мис абы {жэщым} къыщыщӀэдзауэ Бэрзэджхэрэ Бэлэтокъуэхэрэ зэтеплъэ хъуртэкъым. Ш. А.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэтоплъэ)
Зыр зым илъагъун, напӀэзыпӀэкӀэ зэрылъагъун.
Къохри тӀури жьым щӀиупскӀэу, Уэгум иту зэтеплъэху, Ищхьэм тетыр къепӀэщӀэкӀыу Лъабжьэм щӀэтым къекӀуэлӀэху, КӀэрахъуэшэм зи щымысхьу Зэуэ шэхэр ягъэсащ. П
Deyimler (1)
зэтеплъэ мыхъун
Зэрылъагъу мыхъун, зэмыфӀын, зэбиин.
АдакъитӀми абы къыфӀагъэкӀакъым, арщхьэкӀэ гужьгъэжь зэхуаӀэ хъуати, зэтеплъэ хъужыртэкъым.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 482
+1 örnek
[Мыщэр къэпсэлъащ мэзыпщым жриӀэу:] Зэтеплъэ хъууэ тӀу хэткъым. А къомыр дауэ зэгурыбгъэӀуэну?— Кхъухь пхэнж, 507
Kitapta geçtiği hali
ЗЭТЕПЛЪЭН (зэтоплъэ) лъэмыӀ. (1). Зыр зым илъагъун, напӀэзыпӀэкӀэ зэрылъагъун. Къохри тӀури жьым щӀиупскӀэу, Уэгум иту зэтеплъэху, Ищхьэм тетыр къепӀэщӀэкӀыу Лъабжьэм щӀэтым къекӀуэлӀэху, КӀэрахъуэшэм зи щымысхьу Зэуэ шэхэр ягъэсащ. П ◊ Зэтеплъэ мыхъун (2). Зэрылъагъу мыхъун, зэмыфӀын, зэбиин. АдакъитӀми абы къыфӀагъэкӀакъым, арщхьэкӀэ гужьгъэжь зэхуаӀэ хъуати, зэтеплъэ хъужыртэкъым. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 482. [Мыщэр къэпсэлъащ мэзыпщым жриӀэу:] Зэтеплъэ хъууэ тӀу хэткъым. А къомыр дауэ зэгурыбгъэӀуэну? Кхъухь пхэнж, 507.