зэтелӀэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(зэтолӀэ)

1. Зэуэ куэд лӀэн.

руумереть, передохнуть (о многих)

Нарт мэлхэм зы узышхуэ гуэр къахыхьэри.. зэтелӀэ хъуащ.— Нартхэр

+1 örnek

Псэ пыту зыгуэр фыкъытена мыбы {пщыӀэм} хьэмэрэ псори фызэтелӀа?— Ӏуащхьэмахуэ

2. Хуабжьу куэд мэжэлӀэн е псы хуэлӀэн.

руголодать; мучиться жаждой (о многих)

Иджы мо шхын щхьэкӀэ зэтелӀэ къомыр здэсхьынур сымыщӀэу сакъыхэнащ.— КӀыщокъуэ Алим

+1 örnek

Гъаблэ хъуащи, ди жылэр зэтолӀэ.— Къар. Хь.

(зэтолӀэ)

ФӀылъагъуныгъэ хуабжь зэхуаӀэн (пщащэмрэ щӀалэмрэ).

русильно любить друг друга (о юноше и девушке)

ЩӀалэмрэ хъыджэбзымрэ куэд щӀауэ зэпылът, фӀыуэ зэрылъагъурт, зэтелӀэрт.— ӀуэрыӀуатэ

Kitapta geçtiği hali

зэтелӀэн I (зэтолӀэ) неперех. гл. 1. умереть, передохнуть (о многих) / Зэуэ куэд лӀэн. * Нарт мэлхэм зы узышхуэ гуэр къахыхьэри.. зэтелӀэ хъуащ. Нарт. Псэ пыту зыгуэр фыкъытена мыбы {пщыӀэм} хьэмэрэ псори фызэтелӀа? Ӏуащхь. 2. переносное голодать; мучиться жаждой (о многих) / Хуабжьу куэд мэжэлӀэн е псы хуэлӀэн. * Иджы мо шхын щхьэкӀэ зэтелӀэ къомыр здэсхьынур сымыщӀэу сакъыхэнащ. КӀ. А. Гъаблэ хъуащи, ди жылэр зэтолӀэ. Къар. Хь. II (зэтолӀэ) неперех. гл. сильно любить друг друга (о юноше и девушке) / ФӀылъагъуныгъэ хуабжь зэхуаӀэн (пщащэмрэ щӀалэмрэ). * ЩӀалэмрэ хъыджэбзымрэ куэд щӀауэ зэпылът, фӀыуэ зэрылъагъурт, зэтелӀэрт. фольк.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зэтолӀэ)

Куэду, гупу, гуэрэну зыгуэрхэр лӀэн.

Дыгъужьым сыт къыщыщӀар? – жиӀэу[ХъынцӀэл] къыщеупщӀым, мэзхъумэм дыгъужьыфэ джэдыгу щыгъти, яригъэлъэгъуащ: «Мис, дыгъужь къомыр зэтелӀэу сахуэзати, я фэр тесхри джэдыгу езгъэщӀауэ зызохьэ». Дыгъужьибгъур зы джэдыгущ, жаӀэу шыпсэм хэту зэхэпхакъэ?..— Лъапсэ, 94

Kitapta geçtiği hali

ЗЭТЕЛӀЭН (зэтолӀэ) лъэмыӀ. (1). Куэду, гупу, гуэрэну зыгуэрхэр лӀэн. Дыгъужьым сыт къыщыщӀар? – жиӀэу[ХъынцӀэл] къыщеупщӀым, мэзхъумэм дыгъужьыфэ джэдыгу щыгъти, яригъэлъэгъуащ: «Мис, дыгъужь къомыр зэтелӀэу сахуэзати, я фэр тесхри джэдыгу езгъэщӀауэ зызохьэ». Дыгъужьибгъур зы джэдыгущ, жаӀэу шыпсэм хэту зэхэпхакъэ?.. Лъапсэ, 94.

Düzeltme Öner

зэтелӀэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.