зэрыӀыгъыу
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Куэд-куэдурэ, зэуэ, зэуӀуу.
руоптом
ЗэрыӀыгъыу къэщэхун.
2. Псори зэщӀыгъуу, зэкӀэрымыкӀыуэ.
рувсе вместе, гурьбой, гуртом, толпой
Бабыщ хъушэр зэрыӀыгъыу я адэм и пащхьэм кърахуэну арат зыпылъхэри {щӀалэ цӀыкӀуитӀыр}, ар щаххузэфӀэыкӀым.. бабыщ анэжьыр къаубыдри къыхуахьащ.— ГъащӀэм дыдобакъуэ
Kitapta geçtiği hali
зэрыӀыгъыу нареч. 1. оптом / Куэд-куэдурэ, зэуэ, зэуӀуу. ЗэрыӀыгъыу къэщэхун. 2. все вместе, гурьбой, гуртом, толпой / Псори зэщӀыгъуу, зэкӀэрымыкӀыуэ. * Бабыщ хъушэр зэрыӀыгъыу я адэм и пащхьэм кърахуэну арат зыпылъхэри {щӀалэ цӀыкӀуитӀыр}, ар щаххузэфӀэыкӀым.. бабыщ анэжьыр къаубыдри къыхуахьащ. Гъ. дыдоб.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Куэд-куэду, зэуӀуу, псори зэгъусэу.
Махуэ къэс къуажэм зыгуэрхэр къыдотӀысхьэ: къэзакъхэр зэрыӀыгъыу къоӀэпхъуэ, осетинхэри хьэблэ-хьэблэ зэрыгъэхъуу къокӀуэри зэунэкъуэщхэр зэгъунэгъуу мэтӀыс, нэхъ унэфӀхэр зэпаубыдри къэзакъхэмрэ осетинхэмрэ щызэфӀэни щызэзэуапи къохъур.— МелыӀыч, 468
+2 örnek
– УмыхъунщӀэу утхъэрэ? – жаӀэри хьэӀуцыдзхэр къызэдилъащ, зэакъылэгъуу, зэрыӀыгъыу.— Кхъухь пхэнж, 508
Шу къомыр зэрыӀыгъыу губгъуэм иту здэкӀуэм, мо къалэ гъунэм нэблэгъауэ сэшхуэм и пӀалъэр къэсакъэ жаӀэу зыщрачым, лэгъупыкъуищэ зэхэзэрыхьа хуэдэу огнемет къомым къариху мафӀэр лыгъэ зэдза мэз я пащхьэм къихутыкӀа хуэдэу дзэм къажьэхэуащ.— Лыгъэ, 411
Kitapta geçtiği hali
ЗЭРЫӀЫГЪЫУ (4). нареч. Куэд-куэду, зэуӀуу, псори зэгъусэу. Махуэ къэс къуажэм зыгуэрхэр къыдотӀысхьэ: къэзакъхэр зэрыӀыгъыу къоӀэпхъуэ, осетинхэри хьэблэ-хьэблэ зэрыгъэхъуу къокӀуэри зэунэкъуэщхэр зэгъунэгъуу мэтӀыс, нэхъ унэфӀхэр зэпаубыдри къэзакъхэмрэ осетинхэмрэ щызэфӀэни щызэзэуапи къохъур. МелыӀыч, 468. – УмыхъунщӀэу утхъэрэ? – жаӀэри хьэӀуцыдзхэр къызэдилъащ, зэакъылэгъуу, зэрыӀыгъыу. Кхъухь пхэнж, 508. Шу къомыр зэрыӀыгъыу губгъуэм иту здэкӀуэм, мо къалэ гъунэм нэблэгъауэ сэшхуэм и пӀалъэр къэсакъэ жаӀэу зыщрачым, лэгъупыкъуищэ зэхэзэрыхьа хуэдэу огнемет къомым къариху мафӀэр лыгъэ зэдза мэз я пащхьэм къихутыкӀа хуэдэу дзэм къажьэхэуащ. Лыгъэ, 411.