зэрыӀыгъын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(зэрыӀыгъщ)

1. Зым зыр иӀыгъын, зэрыубыдауэ щытын.

рудержаться друг за друга

Хъыджэбзищыр зэрыубыдри зэрыӀыгъыу, зэрымыгъэджалэурэ мылым текӀащ.

2. Зэкъуэтын, зым зыр и телъхьэу щытын.

руподдерживать друг друга, стоять друг за друга

ЩӀалэ цӀыкӀухэр зэныбжьэгъу къудейтэкъым, атӀэ, Аалъэнэкъуэ я пашэу, зы пионер звеном зэдыхэтти, зым къыӀэпыхур адрейм къищтэжу зэрыӀыгъхэт.— Т. Х.

+1 örnek

Арат игъащӀэ лъандэрэ адыгэхэм я хабзэр-гуфӀэгъуэ щаӀэми гуауэ щаӀэми зэрыгъуэтхэу, зэрыӀыгъхэу.— Ӏуащхьэмахуэ

Kitapta geçtiği hali

зэрыӀыгъын (зэрыӀыгъщ) неперех. гл. 1. держаться друг за друга / Зым зыр иӀыгъын, зэрыубыдауэ щытын. Хъыджэбзищыр зэрыубыдри зэрыӀыгъыу, зэрымыгъэджалэурэ мылым текӀащ. 2. переносное поддерживать друг друга, стоять друг за друга / Зэкъуэтын, зым зыр и телъхьэу щытын. * ЩӀалэ цӀыкӀухэр зэныбжьэгъу къудейтэкъым, атӀэ, Аалъэнэкъуэ я пашэу, зы пионер звеном зэдыхэтти, зым къыӀэпыхур адрейм къищтэжу зэрыӀыгъхэт. Т. Х. Арат игъащӀэ лъандэрэ адыгэхэм я хабзэр-гуфӀэгъуэ щаӀэми гуауэ щаӀэми зэрыгъуэтхэу, зэрыӀыгъхэу. Ӏуащхь.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зэрыӀыгъщ)

1. Зым зыр иӀыгъын, зэрыубыдауэ щытын.

Шу къомыр блэкӀри, абы и ужьым зэкӀэлъхьэужьу гу зыбжани иувэжащ, а гу къомым лъэсыр лъэсу, гур гууэ, шур шууэ, фызхэр зэрыӀыгъыу, хэ гъыуэ, хэт кӀийуэ ежьауэ кӀуэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 127

+2 örnek

Зым зыр щӀэнакӀэу, зэран хуэхъуу, псоми я Ӏэр Ӏэтауэ кӀапсэ кӀапэм хуеӀэу щӀалэхэр зэхэтт, хъыджэбзхэр абыхэм къеплъу зэрыӀыгъхэу лъэныкъуэкӀэ щытхэт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 95

И псэри тыншыжат [Абу-Дериуш] мы дунейм зигу хэщӀ темытыжу, дыгъуасэ лъы зыгъэжахэр, бжьэцу зэрызехьар зэкӀужарэ я Ӏэпэр зэрыӀыгъыу зэщыгуфӀыкӀыу къеуджэкӀыу, зэкъуэш-зэшыпхъущ жыпӀэну зэхуэгумащӀэу, мэзым щӀэт жыг зэмылӀэужьыгъуэхэр зэрызэзэгъым хуэдэу зым и зэран адрейм емыкӀыу, къуалэбзухэм ещхьыркъабзэу щхьэж и бзэмкӀэ езым фӀэфӀ уэрэдыр жиӀэмэ, я бзэ зэрыщӀэ къыфӀэщӀу.— Кхъэлэгъунэ, 380

2. Зэкъуэтын, зыр зым и телъхьэу щытын. –271.

[Дэфэрэдж:] Сытым и щхьэфи сигъэӀэбэ нобэрей махуэр абы пызощэ, арыншэуи хъурэ – сыт хуэдэ лъэхъэнэми щыпсэуауэ щӀы, цӀыхубзу хъуам я псэр зэрощӀэ, я Ӏэпэр зэрыӀыгъщ, я натӀэм илъри зэбгъапщэмэ, зэшыпхъуитӀым я бынщ жыпӀэну зэщхьщ.— Лъапсэ, 6

+2 örnek

Зэадэзэкъуэшхэр щызэхуэзэжым, Къазий и гур нэхъ къызэрыгъуэтыжат, «нэхъ дызэрыӀыгъыу дыпсэунщ», жиӀэри.— Нэгъуху, 33

[Бекъан] И гум къэкӀыжащ, радио къэпсалъэми, газет укъеджэми – жаӀэри ятхри зыщ: «цӀыху псори дызэрыӀыгъщ, ди псэр зы чысэм илъу допсэу», итӀани мо дызыхуэзам хуэдэ дэнэ къикӀрэ, жиӀэу.— Нал къута, 270

3. Зэхэжыхьауэ, зэуӀуу, зы Ӏэрамэу щытын.

Си зэманри усэу стхари Зы жэщ-махуэу зэрыӀыгъщ.— Сыхьэт. «Батырыбжьэ», 56

+1 örnek

И дзитӀыр къамэм зэрыӀыгъщи, Зэхуэдэщ тӀуми я насып.— Къамэ. «Дамыгъэ», 228

Kitapta geçtiği hali

ЗЭРЫӀЫГЪЫН (зэрыӀыгъщ) лъэмыӀ. (21). 1. (4). Зым зыр иӀыгъын, зэрыубыдауэ щытын. Шу къомыр блэкӀри, абы и ужьым зэкӀэлъхьэужьу гу зыбжани иувэжащ, а гу къомым лъэсыр лъэсу, гур гууэ, шур шууэ, фызхэр зэрыӀыгъыу, хэ гъыуэ, хэт кӀийуэ ежьауэ кӀуэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 127. Зым зыр щӀэнакӀэу, зэран хуэхъуу, псоми я Ӏэр Ӏэтауэ кӀапсэ кӀапэм хуеӀэу щӀалэхэр зэхэтт, хъыджэбзхэр абыхэм къеплъу зэрыӀыгъхэу лъэныкъуэкӀэ щытхэт. Хъуэпсэгъуэ нур, 95. И псэри тыншыжат [Абу-Дериуш] мы дунейм зигу хэщӀ темытыжу, дыгъуасэ лъы зыгъэжахэр, бжьэцу зэрызехьар зэкӀужарэ я Ӏэпэр зэрыӀыгъыу зэщыгуфӀыкӀыу къеуджэкӀыу, зэкъуэш-зэшыпхъущ жыпӀэну зэхуэгумащӀэу, мэзым щӀэт жыг зэмылӀэужьыгъуэхэр зэрызэзэгъым хуэдэу зым и зэран адрейм емыкӀыу, къуалэбзухэм ещхьыркъабзэу щхьэж и бзэмкӀэ езым фӀэфӀ уэрэдыр жиӀэмэ, я бзэ зэрыщӀэ къыфӀэщӀу. Кхъэлэгъунэ, 380. 2. (16). зэхь. Зэкъуэтын, зыр зым и телъхьэу щытын. [Дэфэрэдж:] Сытым и щхьэфи сигъэӀэбэ нобэрей махуэр абы пызощэ, арыншэуи хъурэ – сыт хуэдэ лъэхъэнэми щыпсэуауэ щӀы, цӀыхубзу хъуам я псэр зэрощӀэ, я Ӏэпэр зэрыӀыгъщ, я натӀэм илъри зэбгъапщэмэ, зэшыпхъуитӀым я бынщ жыпӀэну зэщхьщ. Лъапсэ, 6. Зэадэзэкъуэшхэр щызэхуэзэжым, Къазий и гур нэхъ къызэрыгъуэтыжат, «нэхъ дызэрыӀыгъыу дыпсэунщ», жиӀэри. Нэгъуху, 33. [Бекъан] И гум къэкӀыжащ, радио къэпсалъэми, газет укъеджэми – жаӀэри ятхри зыщ: «цӀыху псори дызэрыӀыгъщ, ди псэр зы чысэм илъу допсэу», итӀани мо дызыхуэзам хуэдэ дэнэ къикӀрэ, жиӀэу. Нал къута, 270–271. 3. (2). зэхь. Зэхэжыхьауэ, зэуӀуу, зы Ӏэрамэу щытын. Си зэманри усэу стхари Зы жэщ-махуэу зэрыӀыгъщ. Сыхьэт. «Батырыбжьэ», 56. И дзитӀыр къамэм зэрыӀыгъщи, Зэхуэдэщ тӀуми я насып. Къамэ. «Дамыгъэ», 228.

Düzeltme Öner

зэрыӀыгъын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.