зэрышхын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэрошх)
1. Зыр зым едзэкъэн, зэдзакъэурэ зэзэуэн (хьэ, хакӀуэ сыт хуэдэхэр).
ругрызться (напр. о собаках)
КъыпфӀэщӀырт шхэн зэраухыу {хьэхэм} зызэрадзу зэрышхын, арщхьэкӀэ куэду мамыру зэбгрыкӀыжахэщ.— Ахь. М.
+1 örnek
Шы увыӀахэм тегужьеикӀауэ удз цӀынэ къэуатыр зэӀуралъафэ, я пщэ кӀыхьыр хашурэ зэрышхын ирагъажьэ.— Япэу лъэбакъуэ зычахэр
2. Къаугъэ хэтын, псалъэ гуауэ зэжеӀэн.
руссориться, браниться
ФызитӀыр зэфӀэнэри зэрышхащ.
+1 örnek
Къэбэрдей пщыжь-уэркъыжьхэр лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъуауэ.. зобий, .. зэрошх: Россием хуеплъэкӀыр нэхъ куэдт.— Шортэн Аскэрбий
3. ГъущӀ, мывэ, къупщхьэ сыт хуэдэхэр щызэщыхъуэкӀэ макъ ищӀын.
рускрежетать
Куэд дэмыкӀыу машинкэм и дзэр щӀалэм и зы щхьэбгъу лъэныкъуэм къыщызэрышхащ.
+1 örnek
Псыжьыпсыр Ӏущащэу ежэхырт, зэрызэщихъуэм и щыхьэту, мывэхэр зэрышхт.— Ӏуащхьэмахуэ
Bu maddedeki ifadeler (1)
{и} гур зэрышхын
Еплъ: гу
Kitapta geçtiği hali
зэрышхын (зэрошх) неперех. гл. 1. грызться (напр. о собаках) / Зыр зым едзэкъэн, зэдзакъэурэ зэзэуэн (хьэ, хакӀуэ сыт хуэдэхэр). * КъыпфӀэщӀырт шхэн зэраухыу {хьэхэм} зызэрадзу зэрышхын, арщхьэкӀэ куэду мамыру зэбгрыкӀыжахэщ. Ахь. М. Шы увыӀахэм тегужьеикӀауэ удз цӀынэ къэуатыр зэӀуралъафэ, я пщэ кӀыхьыр хашурэ зэрышхын ирагъажьэ. Япэу лъ. з. 2. переносное ссориться, браниться / Къаугъэ хэтын, псалъэ гуауэ зэжеӀэн. ФызитӀыр зэфӀэнэри зэрышхащ. * Къэбэрдей пщыжь-уэркъыжьхэр лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъуауэ.. зобий, .. зэрошх: Россием хуеплъэкӀыр нэхъ куэдт. Ш. А. 3. переносное скрежетать / ГъущӀ, мывэ, къупщхьэ сыт хуэдэхэр щызэщыхъуэкӀэ макъ ищӀын. Куэд дэмыкӀыу машинкэм и дзэр щӀалэм и зы щхьэбгъу лъэныкъуэм къыщызэрышхащ. * Псыжьыпсыр Ӏущащэу ежэхырт, зэрызэщихъуэм и щыхьэту, мывэхэр зэрышхт. Ӏуащхь. {И} гур зэрышхын см. гу II.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэрошх)
1. Зыр зым едзэкъэн, зэдзакъэурэ зэзэуэн.
Къуажэхьэу псыхъуэм зэрышхыу дэта къомыр мыбанэжыфу щылът загъэнщӀауэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 60
+2 örnek
Зы мэзым щӀэтым мэзыр яхуримыкъу хуэдэ зэрошх, зы кхъухьым а къомыр ибгъэтӀысхьэмэ, зэрымышхыу къэнэн?— Кхъухь пхэнж, 502
Мо щэхурыпхъуэ къомыр кхъухьым ибгъэтӀысхьэрэ епшажьэмэ, зэрышхыурэ Ӏисраф зэрымыгъэхъуну хэт и фӀэщ хъун?— Кхъухь пхэнж, 502
2. Къаугъэ зэрыхэгъэтын, псалъэмакъ яку къыдэхъуэн.
ХъумакӀуэр зэрошхыр: «Щхьэц фӀыцӀэр тӀэщӀэкӀщ». Мурадым дихьэхым Нэхъыбэ ялъокӀ.— ЦӀыху мурадым и бзу хужь. «Вагъуэ махуэ», 349
3. ГъущӀ, мывэ с.ху. щызэщихъуэкӀэ макъ ищӀын.
Пшэплъым ещхьу бэракъыр Ӏугъуэм щӀахъумэу, гъущӀыр зэрышхыу, къызэрыгъачэу, зэныкъуэкъуу, къызэрыгъэплъу гъуэзыр къапихырт.— Щынэхужьыкъуэ, 31
Kitapta geçtiği hali
ЗЭРЫШХЫН (зэрошх) лъэмыӀ. (7). 1. (5). Зыр зым едзэкъэн, зэдзакъэурэ зэзэуэн. Къуажэхьэу псыхъуэм зэрышхыу дэта къомыр мыбанэжыфу щылът загъэнщӀауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 60. Зы мэзым щӀэтым мэзыр яхуримыкъу хуэдэ зэрошх, зы кхъухьым а къомыр ибгъэтӀысхьэмэ, зэрымышхыу къэнэн? Кхъухь пхэнж, 502. Мо щэхурыпхъуэ къомыр кхъухьым ибгъэтӀысхьэрэ епшажьэмэ, зэрышхыурэ Ӏисраф зэрымыгъэхъуну хэт и фӀэщ хъун? Кхъухь пхэнж, 502. 2. (1). зэхь. Къаугъэ зэрыхэгъэтын, псалъэмакъ яку къыдэхъуэн. ХъумакӀуэр зэрошхыр: «Щхьэц фӀыцӀэр тӀэщӀэкӀщ». Мурадым дихьэхым Нэхъыбэ ялъокӀ. ЦӀыху мурадым и бзу хужь. «Вагъуэ махуэ», 349. 3. (1). зэхь. ГъущӀ, мывэ с.ху. щызэщихъуэкӀэ макъ ищӀын. Пшэплъым ещхьу бэракъыр Ӏугъуэм щӀахъумэу, гъущӀыр зэрышхыу, къызэрыгъачэу, зэныкъуэкъуу, къызэрыгъэплъу гъуэзыр къапихырт. Щынэхужьыкъуэ, 31.