зэрыцӀыхун
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
зэрыцӀыхун → зэрэшӀэн; TANIŞMAK
Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: зэрэшӀэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэроцӀыху)
1. Зым зыр ицӀыхуу щытын, цӀыхугъэ, нэӀуасагъэ зэхуаӀэн.
рузнать друг друга, быть знакомыми друг с другом
Ахэр {Мусэрэ Жанирэ} зы институтым зэдыщеджауэ зэроцӀыху, Ӏуэхур къызэдаӀэтынуи я мурадщ.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ
+2 örnek
Адэмрэ и къуэмрэ игъащӀэм зэрылъэгъуатэкъым, зэрыцӀыхуртэкъым.— Нартхэр
{Зинэ:} -Дэ ди Ӏуэхур абы {дызэрышэным} нэса си гугъэкъым: фӀыуэ дызэрыцӀыхуакъым.., дызэдэпсэуфынрэ дызэдэмыпсэуфынрэ дегупсысыну дыхущӀахьакъым.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ
2. ЦӀыхугъэ, нэӀуасэ зэхуэхъун.
рупознакомиться друг с другом
Ахэр нэгъабэ Къущхьэхъум Ӏэщыхъуэхэм я клубым джэгу щыӀэу щызэрыцӀыхугъат.— ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр
Kitapta geçtiği hali
зэрыцӀыхун (зэроцӀыху) неперех. гл. 1. знать друг друга, быть знакомыми друг с другом / Зым зыр ицӀыхуу щытын, цӀыхугъэ, нэӀуасагъэ зэхуаӀэн. * Ахэр {Мусэрэ Жанирэ} зы институтым зэдыщеджауэ зэроцӀыху, Ӏуэхур къызэдаӀэтынуи я мурадщ. Къ. Хь. Адэмрэ и къуэмрэ игъащӀэм зэрылъэгъуатэкъым, зэрыцӀыхуртэкъым. Нарт. {Зинэ:} -Дэ ди Ӏуэхур абы {дызэрышэным} нэса си гугъэкъым: фӀыуэ дызэрыцӀыхуакъым.., дызэдэпсэуфынрэ дызэдэмыпсэуфынрэ дегупсысыну дыхущӀахьакъым. Къ. Хь. 2. познакомиться друг с другом / ЦӀыхугъэ, нэӀуасэ зэхуэхъун. * Ахэр нэгъабэ Къущхьэхъум Ӏэщыхъуэхэм я клубым джэгу щыӀэу щызэрыцӀыхугъат. Хь. Хь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэроцӀыху)
1. Зыр зым ицӀыхуу щытын зэнэӀуасэн.
Машинэр нэсу къыщыувыӀэм, псори зэрыгъэкӀийуэ фӀэхъус-сэлам зэрахащ, куэд лъандэрэ зэрыщӀэу, зэрыцӀыхуу зэрыщытым гу лъыптэу.— Лъапсэ, 69
+2 örnek
ГуэщымкӀэ ириӀуэнтӀэкӀыу [машинэр] къыщыувыӀэм, хьэщӀэ кӀуэсэжауэ щытар къикӀри, нэжэгужэу, игъащӀэм зэрыцӀыхуу е зэблагъэу зэрыгъуэтыжа хуэдэ, унэм къыщӀэкӀам къыщыгуфӀыкӀыу сэлам кърех: – Сэлам алейкум, тхьэмадэ.— КӀапсэ кӀапэ, 11
Иналрэ абырэ [Шырыкъу ТӀутӀэрэ] зауэм зэдыхэтауэ фӀыуэ зэрыцӀыхурт икӀи зэрылъагъурт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 536
2. ЦӀыхугъэ, нэӀуасэ зэхуэхъун.
[Инал къеплъэкӀащ:] Си еджакӀуэ зэзгъэцӀыхунщ жыпӀэмэ, Лу хьэзырщ, фызэрыцӀыху.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 527
+1 örnek
Комендантыр дыхьэшхащ: – ДызэрыцӀыхуащ жыпӀакъэ? [Алыджыкъуэ къыжриӀэу].— МелыӀыч, 464
Kitapta geçtiği hali
ЗЭРЫЦӀЫХУН (зэроцӀыху) лъэмыӀ. (11). 1. (7). Зыр зым ицӀыхуу щытын зэнэӀуасэн. Машинэр нэсу къыщыувыӀэм, псори зэрыгъэкӀийуэ фӀэхъус-сэлам зэрахащ, куэд лъандэрэ зэрыщӀэу, зэрыцӀыхуу зэрыщытым гу лъыптэу. Лъапсэ, 69. ГуэщымкӀэ ириӀуэнтӀэкӀыу [машинэр] къыщыувыӀэм, хьэщӀэ кӀуэсэжауэ щытар къикӀри, нэжэгужэу, игъащӀэм зэрыцӀыхуу е зэблагъэу зэрыгъуэтыжа хуэдэ, унэм къыщӀэкӀам къыщыгуфӀыкӀыу сэлам кърех: – Сэлам алейкум, тхьэмадэ. КӀапсэ кӀапэ, 11. Иналрэ абырэ [Шырыкъу ТӀутӀэрэ] зауэм зэдыхэтауэ фӀыуэ зэрыцӀыхурт икӀи зэрылъагъурт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 536. 2. (4). ЦӀыхугъэ, нэӀуасэ зэхуэхъун. [Инал къеплъэкӀащ:] Си еджакӀуэ зэзгъэцӀыхунщ жыпӀэмэ, Лу хьэзырщ, фызэрыцӀыху. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 527. Комендантыр дыхьэшхащ: – ДызэрыцӀыхуащ жыпӀакъэ? [Алыджыкъуэ къыжриӀэу]. МелыӀыч, 464.