зэрыубыдын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэроубыд)
1. Зым зыр иубыдын.
руухватиться, схватиться друг за друга
БэнакӀуитӀыр зэрыубыдри фӀыуэ зэрыутхыпщӀаш.
+1 örnek
Хьэ губжьар къыщылъэтри Чэфыр (мэлыхъуэхьэм) зридзащ, ӀэплӀэ зэхуащӀам хуэдэу, зэрыубыдащ.— Ӏуащхьэмахуэ
2. ТкӀуаткӀуэу, хъудыру, лантӀэу щымытыжу быдэ хъун (жыуэ, щтыуэ е гъущу).
русхватиться, затвердеть
Цементыр зэрыубыдащ.
+1 örnek
Уий, Иныжь, зэ догуэт, догуэт, Ӏэбжэнабжэр згъэбыдакъым, уаеу щыӀэри уэсшэлӀакъым, Мылыр фӀыуэ зэрыубыдакъым.— Къэбэрдей поэзием и антологие
3. Къару игъуэтын, лъэщ, быдэ хъун.
руокрепнуть
ЩӀалэм и Ӏэпкълъэпкъыр зэрыубыдащ.
+1 örnek
Лъабжьэхэр тэмэму зэрыубыда хъун папщӀэ, жыгыщӀэ цӀыкӀухэм я щхьэкӀэр паупщӀ.— Ботаникэ
Kitapta geçtiği hali
зэрыубыдын (зэроубыд) неперех. гл. 1. ухватиться, схватиться друг за друга / Зым зыр иубыдын. БэнакӀуитӀыр зэрыубыдри фӀыуэ зэрыутхыпщӀаш. * Хьэ губжьар къыщылъэтри Чэфыр (мэлыхъуэхьэм) зридзащ, ӀэплӀэ зэхуащӀам хуэдэу, зэрыубыдащ. Ӏуащхь. 2. переносное схватиться, затвердеть / ТкӀуаткӀуэу, хъудыру, лантӀэу щымытыжу быдэ хъун (жыуэ, щтыуэ е гъущу). Цементыр зэрыубыдащ. * Уий, Иныжь, зэ догуэт, догуэт, Ӏэбжэнабжэр згъэбыдакъым, уаеу щыӀэри уэсшэлӀакъым, Мылыр фӀыуэ зэрыубыдакъым. Къэб. п. и ант. 3. переносное окрепнуть / Къару игъуэтын, лъэщ, быдэ хъун. ЩӀалэм и Ӏэпкълъэпкъыр зэрыубыдащ. * Лъабжьэхэр тэмэму зэрыубыда хъун папщӀэ, жыгыщӀэ цӀыкӀухэм я щхьэкӀэр паупщӀ. Бот.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэроубыд)
Зыр зым иубыдын.
Хьэрып къомыр зэакъылэгъу хъурэ ехудийм езэуатэмэ, лъабжьэкӀэ ирахри дунейр зэӀубз хъужат, арщхьэкӀэ дэнэ – я къурмакъейр зэроубыдри зым зыр итхьэлэну и ужь итщ.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 403
+1 örnek
ТӀури уащхъуэм щызэхуолъри Зы дакъикъэ зэхуэзат, ЗыщӀаупскӀэщ, зэрыубыдри Зэрытхьэлэу закъузащ.— ПарашютитӀ. «Бгы лъапэхэм деж», 45
Kitapta geçtiği hali
ЗЭРЫУБЫДЫН (зэроубыд) лъэмыӀ. (2). Зыр зым иубыдын. Хьэрып къомыр зэакъылэгъу хъурэ ехудийм езэуатэмэ, лъабжьэкӀэ ирахри дунейр зэӀубз хъужат, арщхьэкӀэ дэнэ – я къурмакъейр зэроубыдри зым зыр итхьэлэну и ужь итщ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 403. ТӀури уащхъуэм щызэхуолъри Зы дакъикъэ зэхуэзат, ЗыщӀаупскӀэщ, зэрыубыдри Зэрытхьэлэу закъузащ. ПарашютитӀ. «Бгы лъапэхэм деж», 45.