зэрыпхъуэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэрепхъуэ)
1. НэгъуэщӀым ей къытехын, залымыгъэкӀэ зэбгрыхын.
руразграбить что-л.
Романовхэ щолъэтри Хэку къащтэным къыщӀадзэ, Дэ ди тӀуащӀэр зэрапхъуэ.— Къэбэрдей поэзием и антологие
+1 örnek
Абрэджхэм нэмэз ящӀ щхьэкӀэ, цӀыху яхъунщӀэн, мылъку зэрапхъуэн къагъанэртэкъым.— КӀыщокъуэ Алим
2. ЩӀэхыу зэбгрыхын, зэбгрыпхъуэтын, зэбгрыщэхукӀын.
рубыстро расхватать, разобрать, раскупить что-л.
Мыр псынщӀэу зэрапхъуэ хьэпшыпым щыщщ.— Зы едзыгъуэу зэхэлъ пьесэхэр
+1 örnek
Муслъымэнхэм щхьэкӀэ Ленин жиӀар псоми яфӀэгъэщӀэгъуэнти, кӀэзетыр зэрапхъуат.— КӀыщокъуэ Алим
Kitapta geçtiği hali
зэрыпхъуэн (зэрепхъуэ) перех. гл. 1. разграбить что-л. / НэгъуэщӀым ей къытехын, залымыгъэкӀэ зэбгрыхын. * Романовхэ щолъэтри Хэку къащтэным къыщӀадзэ, Дэ ди тӀуащӀэр зэрапхъуэ. Къэб. п. и ант. Абрэджхэм нэмэз ящӀ щхьэкӀэ, цӀыху яхъунщӀэн, мылъку зэрапхъуэн къагъанэртэкъым. КӀ. А. 2. переносное быстро расхватать, разобрать, раскупить что-л. / ЩӀэхыу зэбгрыхын, зэбгрыпхъуэтын, зэбгрыщэхукӀын. * Мыр псынщӀэу зэрапхъуэ хьэпшыпым щыщщ. Пьесэхэр. Муслъымэнхэм щхьэкӀэ Ленин жиӀар псоми яфӀэгъэщӀэгъуэнти, кӀэзетыр зэрапхъуат. КӀ. А.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэрепхъуэ)
1. Зэбгрыхын, тхьэкъун, хъунщӀэн.
Емынэу хамэ къихьауэ Мэзыхьэу ди щӀым щохущэ, ДжэгупӀэ ящӀыр ди шыпхъухэр, Тхъума ди мылъкур зэрапхъуэ, Ди сабий цӀыкӀухэм ялъ пщтыркӀэ Я сэлэт лъыншэм йоӀэзэ.— ЩӀым и макъ. «Шум и гъуэгу», 38
+2 örnek
А махуэм Бейбарс пащтыхьу Мысыр къэралым щыувати, куэдрэ щыхьэр къалэм дэмысу, дзэ иришажьэри ежьащ, ЩамкӀэ зэджэ къэралым дзэ къыте- уэрэ зэрапхъуэу къаӀуэхуати.— Лъапсэ, 101
Долэт нэгъуэщӀ щӀыпӀэкӀэ еуэкӀа щхьэкӀэ, Щэрданхэ я мылъкур зэрыфпхъуэ, жиӀэу жылэр иришэжьауэ зэрыщытар псоми ящӀэжырт, езыри абы иримыгузавэу хъуркъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 269
2. ЩӀэхыу зэбгрыкӀын, ящэхун.
Илас жиӀар пэжт: «Сыхьэти утрагъэтынукъым – зэрапхъуэнущ хьэжыгъэр». Япэрей къэпыр зыщэхуам фӀэкӀа къэп псо зыщэхуфын къахэкӀакъым.— МелыӀыч, 471
Kitapta geçtiği hali
ЗЭРЫПХЪУЭН (зэрепхъуэ) лъэӀ. (13). 1. (12). Зэбгрыхын, тхьэкъун, хъунщӀэн. Емынэу хамэ къихьауэ Мэзыхьэу ди щӀым щохущэ, ДжэгупӀэ ящӀыр ди шыпхъухэр, Тхъума ди мылъкур зэрапхъуэ, Ди сабий цӀыкӀухэм ялъ пщтыркӀэ Я сэлэт лъыншэм йоӀэзэ. ЩӀым и макъ. «Шум и гъуэгу», 38. А махуэм Бейбарс пащтыхьу Мысыр къэралым щыувати, куэдрэ щыхьэр къалэм дэмысу, дзэ иришажьэри ежьащ, ЩамкӀэ зэджэ къэралым дзэ къыте- уэрэ зэрапхъуэу къаӀуэхуати. Лъапсэ, 101. Долэт нэгъуэщӀ щӀыпӀэкӀэ еуэкӀа щхьэкӀэ, Щэрданхэ я мылъкур зэрыфпхъуэ, жиӀэу жылэр иришэжьауэ зэрыщытар псоми ящӀэжырт, езыри абы иримыгузавэу хъуркъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 269. 2. (1). ЩӀэхыу зэбгрыкӀын, ящэхун. Илас жиӀар пэжт: «Сыхьэти утрагъэтынукъым – зэрапхъуэнущ хьэжыгъэр». Япэрей къэпыр зыщэхуам фӀэкӀа къэп псо зыщэхуфын къахэкӀакъым. МелыӀыч, 471.