зэрыпхъуакӀуэ

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

ЗалымыгъэкӀэ зыгуэр яфӀэзыубыд, ятезых, зэрызыпхъуэ.

рузахватчик

Чэрим.. мурад ищӀащ зэрыпхъуакӀуэхэм зэрыхузэфӀэкӀкӀэ зэран яхуэхъуну.— Анэдэлъхубзэ

+3 örnek

Зэгуэрым жэщу зэрыпхъуакӀуэхэм партизанхэр ятеуащ.— Къущхьэ СулътӀан

ЗэрыпхъуакӀуэхэр хэкум зэрырахужу цӀыхухэм лэжьыгъэшхуэ къалъыкъуэкӀащ.— Ӏуащхьэмахуэ

ЗэрыпхъуакӀуэ нэмыцэхэм зэхакъута Тырнауз комбинатыр зэфӀэгъэувэжын хуейт.— Ӏуащхьэмахуэ

Kitapta geçtiği hali

зэрыпхъуакӀуэ захватчик / ЗалымыгъэкӀэ зыгуэр яфӀэзыубыд, ятезых, зэрызыпхъуэ. * Чэрим.. мурад ищӀащ зэрыпхъуакӀуэхэм зэрыхузэфӀэкӀкӀэ зэран яхуэхъуну. Анэд. Зэгуэрым жэщу зэрыпхъуакӀуэхэм партизанхэр ятеуащ. Къу. С. ЗэрыпхъуакӀуэхэр хэкум зэрырахужу цӀыхухэм лэжьыгъэшхуэ къалъыкъуэкӀащ. Ӏуащхь. ЗэрыпхъуакӀуэ нэмыцэхэм зэхакъута Тырнауз комбинатыр зэфӀэгъэувэжын хуейт. Ӏуащхь.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

ЗалымыгъэкӀэ зыгуэр яфӀэзыубыд, ятезых цӀыху.

Жылэм дэсым ящӀэрт езы Хьэкурынэ зэреджэ цӀэр щӀыфӀащар: къуажэм зэрыпхъуакӀуэр къатеуауэ, унэр яхъунщӀэу, ягъэсу щыхуежьэм, фыз уэндэгъу къуажэм дэмыкӀыфар пэшхьэкӀум ипщхьат, икӀи гужьейри илъхухьащ.— Лъапсэ, 107

+1 örnek

Умыгузэвэнуи Ӏэмал иӀэт: нэгъабэ Къалмыкъым я щӀыналъэм нэмыцэ зэрыпхъуакӀуэхэр ирахужа нэужь, фронтым и командованэм телеграммэ гъуэзэджэ Къалмыкъ правительствэм къыхуигъэхьат, «фи щӀыналъэр къэдгъэкъэбзэжащи, фи мылъку зэхэкъутар, икъухьа хъуар зэфӀэвгъэувэж, дынывохъуэхъу фи Ӏуэху фӀы ирикӀуэну» жиӀэу.— Лъапсэ, 84

Kitapta geçtiği hali

ЗЭРЫПХЪУАКӀУЭ (2). ЗалымыгъэкӀэ зыгуэр яфӀэзыубыд, ятезых цӀыху. Жылэм дэсым ящӀэрт езы Хьэкурынэ зэреджэ цӀэр щӀыфӀащар: къуажэм зэрыпхъуакӀуэр къатеуауэ, унэр яхъунщӀэу, ягъэсу щыхуежьэм, фыз уэндэгъу къуажэм дэмыкӀыфар пэшхьэкӀум ипщхьат, икӀи гужьейри илъхухьащ. Лъапсэ, 107. Умыгузэвэнуи Ӏэмал иӀэт: нэгъабэ Къалмыкъым я щӀыналъэм нэмыцэ зэрыпхъуакӀуэхэр ирахужа нэужь, фронтым и командованэм телеграммэ гъуэзэджэ Къалмыкъ правительствэм къыхуигъэхьат, «фи щӀыналъэр къэдгъэкъэбзэжащи, фи мылъку зэхэкъутар, икъухьа хъуар зэфӀэвгъэувэж, дынывохъуэхъу фи Ӏуэху фӀы ирикӀуэну» жиӀэу. Лъапсэ, 84.

Düzeltme Öner

зэрыпхъуакӀуэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.