зэрылъэкӀкӀэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Къарууэ иӀэмкӀэ, зэрыхузэфӀэкӀкӀэ, и къару къызэрихькӀэ.
рувсеми силами, изо-всех сил, что есть силы
Кургъуокъуэр.. Екатеринэ.. пащтыхьыгъэр къыӀэрыхьэным зэрылъэкӀкӀэ холӀыфӀыхь.— Шортэн Аскэрбий
+2 örnek
{ТӀуш} фоупсыр къызикӀыхыу зэрылъэкӀкӀэ иджы къысщытхъурт.— Теунэ Хьэчим
Дыгъужьыр щӀэпхъуащи зэрылъэкӀкӀэ мажэ.— Анэдэлъхубзэ
Kitapta geçtiği hali
зэрылъэкӀкӀэ нареч. всеми силами, изо-всех сил, что есть силы / Къарууэ иӀэмкӀэ, зэрыхузэфӀэкӀкӀэ, и къару къызэрихькӀэ. * Кургъуокъуэр.. Екатеринэ.. пащтыхьыгъэр къыӀэрыхьэным зэрылъэкӀкӀэ холӀыфӀыхь. Ш. А. {ТӀуш} фоупсыр къызикӀыхыу зэрылъэкӀкӀэ иджы къысщытхъурт. Т. Хь. Дыгъужьыр щӀэпхъуащи зэрылъэкӀкӀэ мажэ. Анэд.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Къарууэ иӀэмкӀэ, зэрыхузэфӀэкӀкӀэ.
ЦӀыхухъу щӀагъуэ къуажэм къыдэнатэкъыми, лэжьыгъэри тэмэм мыхъуу, цӀыхубзхэр зэхуэсрэ зэхуэтхьэусыхэу, Чачи зэрылъэкӀкӀэ унафэ ищӀу, абы къедаӀуэри нэхъыбэжу, дунейр шэрхъщи – мэкӀэрахъуэ, жыхуаӀэр арати, уи нэр темыпыӀэу кӀэрахъуэу хуежьащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 268
+2 örnek
[Дэфэрэдж хъыджэбз сымаджэ Сэлимэ жриӀэу:] Уэри ухъыджэбз хъарзынэ цӀыкӀуу укъыщӀэкӀащ, зэрыплъэкӀкӀэ укъыздэӀэпыкъуащ, зи, укъикӀуэтакъым— Лъапсэ, 22
«УкъысӀэщӀыхьа, бэлшэвыч Лъэпщ», – жиӀэри Залымджэрий зэрылъэкӀкӀэ гъукӀэм и нэпкъпэпкъым хэуащ, арщхьэкӀэ Бот джэлакъым, лъэныкъуэкӀэ ещӀэ хуэдэ хъури, къызэфӀэувэжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 293
Kitapta geçtiği hali
ЗЭРЫЛЪЭКӀКӀЭ (8). нареч. Къарууэ иӀэмкӀэ, зэрыхузэфӀэкӀкӀэ. ЦӀыхухъу щӀагъуэ къуажэм къыдэнатэкъыми, лэжьыгъэри тэмэм мыхъуу, цӀыхубзхэр зэхуэсрэ зэхуэтхьэусыхэу, Чачи зэрылъэкӀкӀэ унафэ ищӀу, абы къедаӀуэри нэхъыбэжу, дунейр шэрхъщи – мэкӀэрахъуэ, жыхуаӀэр арати, уи нэр темыпыӀэу кӀэрахъуэу хуежьащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 268. [Дэфэрэдж хъыджэбз сымаджэ Сэлимэ жриӀэу:] Уэри ухъыджэбз хъарзынэ цӀыкӀуу укъыщӀэкӀащ, зэрыплъэкӀкӀэ укъыздэӀэпыкъуащ, зи, укъикӀуэтакъым Лъапсэ, 22. «УкъысӀэщӀыхьа, бэлшэвыч Лъэпщ», – жиӀэри Залымджэрий зэрылъэкӀкӀэ гъукӀэм и нэпкъпэпкъым хэуащ, арщхьэкӀэ Бот джэлакъым, лъэныкъуэкӀэ ещӀэ хуэдэ хъури, къызэфӀэувэжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 293.