зэрызехьэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(зэрызохьэ)

1. Зэхэвэзэхэжьэу, зэхэзежэу щытын, къызэщӀэхъеен.

русуетиться, волноваться (напр. о толпе)

Рэшид-пэщэ иутӀыпща гъуохэм цӀыхухэр зэхуашэс. Зы бэлыхьышхуэ гуэр къэхъуа фӀэкӀа умыщӀэу, цӀыхухэр зэрызохьэ, зэхэзожэ.— Шортэн Аскэрбий

+1 örnek

ЩӀалэ цӀыкӀухэм я гъуэншэдж лъапэр дэгъэджэрэзеяуэ псыхьэлыгъуэ къехым къелъэ-нелъэу хэту къажыхьу зэрызехьэт, зэрыгъэкӀийт.— КӀыщокъуэ Алим

2. Куэду зэщӀыгъуу къалъэтыхьын (къуалэбзу, бадзэ сыт хуэдэхэм).

рулетать, кружиться стаеей, роем

Къуалэбзухэр зэрызохьэ.

+1 örnek

Аргъуейхэр зэрызехьэмэ, уэфӀ хъунущ.— Анэдэлъхубзэ

Bu maddedeki ifadeler (3)

бжьэцу зэрызехьэн

бжьэц.

бжьэцым хуэдэу зэрызехьэн

бжьэцу зэрызехьэн

Kitapta geçtiği hali

зэрызехьэн (зэрызохьэ) неперех. гл. 1. суетиться, волноваться (напр. о толпе) / Зэхэвэзэхэжьэу, зэхэзежэу щытын, къызэщӀэхъеен. * Рэшид-пэщэ иутӀыпща гъуохэм цӀыхухэр зэхуашэс. Зы бэлыхьышхуэ гуэр къэхъуа фӀэкӀа умыщӀэу, цӀыхухэр зэрызохьэ, зэхэзожэ. Ш. А. ЩӀалэ цӀыкӀухэм я гъуэншэдж лъапэр дэгъэджэрэзеяуэ псыхьэлыгъуэ къехым къелъэ-нелъэу хэту къажыхьу зэрызехьэт, зэрыгъэкӀийт. КӀ. А. 2. летать, кружиться стаеей, роем / Куэду зэщӀыгъуу къалъэтыхьын (къуалэбзу, бадзэ сыт хуэдэхэм). Къуалэбзухэр зэрызохьэ. * Аргъуейхэр зэрызехьэмэ, уэфӀ хъунущ. Анэд. Бжьэцу зэрызехьэн см. бжьэц. Бжьэцым хуэдэу зэрызехьэн = бжьэцу зэрызехьэн.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зэрызохьэ)

1. Хьэлэбэлыкъ къэӀэтын.

Астемыр, Елдар, Степан Ильич яхэту тешанкӀэм ису къакӀуэу: нобэ советскэ властыр Щхьэлмывэкъуэ щыдгъэувауэ къыдолъытэ, жаӀэу зэӀущӀэшхуэ щащӀари я гум къэкӀыжащ, а махуэм жылэр зэрызехьат, пщыхьэщхьэм Щэрданхэ я шыр Жыраслъэн идыгъущ, шэщми мафӀэ щӀидзэжри, цӀыхур мащӀэрэ игъэгузэват!— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 645

+2 örnek

И псэри тыншыжат [Абу-Дериуш], мы дунейм зигу хэщӀ темытыжу, дыгъуасэ лъы зыгъэжахэр, бжьэцу зэрызехьар зэкӀужарэ я Ӏэпэр зэрыӀыгъыу зэщыгуфӀыкӀыу къеуджэкӀыу, зэкъуэш-зэшыпхъущ жыпӀэну зэхуэгумащӀэу, мэзым щӀэт жыг зэмылӀэужьыгъуэхэр зэрызэзэгъым хуэдэу зым и зэран адрейм емыкӀыу, къуалэбзухэм ещхьыркъабзэу щхьэж и бзэмкӀэ езым фӀэфӀ уэрэдыр жиӀэмэ, я бзэ зэрыщӀэ къыпфӀэщӀу.— Кхъэлэгъунэ, 380

Къалмыкъым Ӏуэхур утыкум кърелъхьэ, Бахъсэн щызэрызехьам я мурадар цӀыкӀуфэкӀукъым, абы хэтар тезыгъэгушхуэу я гум къишхыдыкӀар Къэтхъэн Назирщ, колхозыр идэркъым, Совет властыр икъутэжу шэрихьэт хабзэм тету псэууэ иригъэжьэн и хьисэпащ.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 526

2. Зэхэвэзэхэжьэу, зэхэзежэу щытын.

Бжыхь лъэлъэжам адэкӀэ уплъэмэ, Иналхэ я пщӀантӀэм цӀыхур щызэрызеэрт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 576

+2 örnek

Апхуэдэу цӀыхур зэрызехьэу ялъэгъуауэ ящӀэжыртэкъым, уеблэмэ нэмыцэм зауэ къыщыдащӀылӀа гъэр, е революцэ къэхъуащ жаӀэу зауэм щыӀа сэлэтхэм къыщагъэзэжар, ухуеймэ, Даутокъуэ-Серебряков, Шкуро, Караулов сымэ зауэ къыщаӀэтари къащтэ – нобэ хуэдэу цӀыхур уэрам къыдыхьауэ ялъэгъуатэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 315

МахуитӀкӀэ зэрызехьэу уэрамым дэтат цӀыхури, лажьэ зиӀи зимыӀи Ӏэджэ хэкӀуэдащ – къалэдэсым щыщи губгъуэрысым щыщи.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 404

3. Зэхэзежэн, гуп-гупурэ зэгъусэу псынщӀэу къажыхьын.

ЦӀыхухэр зэрызехьэрт: «къокӀуэ», «къокӀуэ», жаӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 582

+2 örnek

Псэущхьэ псоми я макъхэр къэӀуащ, псоми хуэмыдэу щӀалэ цӀыкӀухэм я гъуэншэдж лъапэр дэгъэджэрэзеяуэ псыхьэлыгъуэ къехым къелъэ-нелъэу хэту къажыхьу зэрызехьэрт, зэрыгъэкӀийрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 50

Шу гуп-гупхэр зэрызехьэу адэкӀэ-мыдэкӀэ кӀуэрт, зилӀ е зи къуэ иджыри къэмыкӀуэжа цӀыхубзхэр, шу ялъагъумэ, дыдейр арауэ пӀэрэ, жаӀэу къыкъуэплъырт, е яцӀыху гуэр къалъагъуамэ, къагъэувыӀэрти зым зыр зэран хуэхъуу еупщӀырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 315

Kitapta geçtiği hali

ЗЭРЫЗЕХЬЭН (зэрызохьэ) лъэмыӀ. (95). 1. (12). Хьэлэбэлыкъ къэӀэтын. Астемыр, Елдар, Степан Ильич яхэту тешанкӀэм ису къакӀуэу: нобэ советскэ властыр Щхьэлмывэкъуэ щыдгъэувауэ къыдолъытэ, жаӀэу зэӀущӀэшхуэ щащӀари я гум къэкӀыжащ, а махуэм жылэр зэрызехьат, пщыхьэщхьэм Щэрданхэ я шыр Жыраслъэн идыгъущ, шэщми мафӀэ щӀидзэжри, цӀыхур мащӀэрэ игъэгузэват! Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 645. И псэри тыншыжат [Абу-Дериуш], мы дунейм зигу хэщӀ темытыжу, дыгъуасэ лъы зыгъэжахэр, бжьэцу зэрызехьар зэкӀужарэ я Ӏэпэр зэрыӀыгъыу зэщыгуфӀыкӀыу къеуджэкӀыу, зэкъуэш-зэшыпхъущ жыпӀэну зэхуэгумащӀэу, мэзым щӀэт жыг зэмылӀэужьыгъуэхэр зэрызэзэгъым хуэдэу зым и зэран адрейм емыкӀыу, къуалэбзухэм ещхьыркъабзэу щхьэж и бзэмкӀэ езым фӀэфӀ уэрэдыр жиӀэмэ, я бзэ зэрыщӀэ къыпфӀэщӀу. Кхъэлэгъунэ, 380. Къалмыкъым Ӏуэхур утыкум кърелъхьэ, Бахъсэн щызэрызехьам я мурадар цӀыкӀуфэкӀукъым, абы хэтар тезыгъэгушхуэу я гум къишхыдыкӀар Къэтхъэн Назирщ, колхозыр идэркъым, Совет властыр икъутэжу шэрихьэт хабзэм тету псэууэ иригъэжьэн и хьисэпащ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 526. 2. (14). Зэхэвэзэхэжьэу, зэхэзежэу щытын. Бжыхь лъэлъэжам адэкӀэ уплъэмэ, Иналхэ я пщӀантӀэм цӀыхур щызэрызеэрт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 576. Апхуэдэу цӀыхур зэрызехьэу ялъэгъуауэ ящӀэжыртэкъым, уеблэмэ нэмыцэм зауэ къыщыдащӀылӀа гъэр, е революцэ къэхъуащ жаӀэу зауэм щыӀа сэлэтхэм къыщагъэзэжар, ухуеймэ, Даутокъуэ-Серебряков, Шкуро, Караулов сымэ зауэ къыщаӀэтари къащтэ – нобэ хуэдэу цӀыхур уэрам къыдыхьауэ ялъэгъуатэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 315. МахуитӀкӀэ зэрызехьэу уэрамым дэтат цӀыхури, лажьэ зиӀи зимыӀи Ӏэджэ хэкӀуэдащ – къалэдэсым щыщи губгъуэрысым щыщи. ХьэщӀэ лъапӀэ, 404. 3. (69). Зэхэзежэн, гуп-гупурэ зэгъусэу псынщӀэу къажыхьын. ЦӀыхухэр зэрызехьэрт: «къокӀуэ», «къокӀуэ», жаӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 582. Псэущхьэ псоми я макъхэр къэӀуащ, псоми хуэмыдэу щӀалэ цӀыкӀухэм я гъуэншэдж лъапэр дэгъэджэрэзеяуэ псыхьэлыгъуэ къехым къелъэ-нелъэу хэту къажыхьу зэрызехьэрт, зэрыгъэкӀийрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 50. Шу гуп-гупхэр зэрызехьэу адэкӀэ-мыдэкӀэ кӀуэрт, зилӀ е зи къуэ иджыри къэмыкӀуэжа цӀыхубзхэр, шу ялъагъумэ, дыдейр арауэ пӀэрэ, жаӀэу къыкъуэплъырт, е яцӀыху гуэр къалъагъуамэ, къагъэувыӀэрти зым зыр зэран хуэхъуу еупщӀырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 315.

Düzeltme Öner

зэрызехьэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.