зэрызекъуэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(зэрызокъуэ)

1. Зэзэуэн, зэбэнын, зэрызелъэфэн.

рубороться; драться

Вырвырв жиӀэу букварыр уэздыгъэм къытраутӀыпщхьэри уэздыгъэр якъутэ, пэшыр кӀыфӀ зэрыхъуу, хьейдэ узэрызекъуэнумэ, къеблагъэ.— КӀыщокъуэ Алим

+2 örnek

Еуэмэ зэрызекъуэурэ, еуэмэ зэрызекъуэурэ аргуэру тӀури (хьэри дыгъужьри) зэрыгъэмэхащ.— Черкес таурыхъхэр

Ахэр {шууитӀыр} Ӏэщэпшэу къыщӀэкӀынт: шыбгъэрызауэ зэдыхуекӀуауэ зэрызекъуэрт, зым адрейр зэрыщхьэпридзыным щӀэкъуу.— Теунэ Хьэчим

2. Зэрызехьэн (цӀыху гупыр).

руволноваться, бурлить (о толпе)

Бурун ищхъэрэм дэсыр абы къимыгъэгубжьу къэнэнт. ЗанщӀэу зыкъратӀауэ я фӀэщ дыдэу зэрызокъуэ.— КӀыщокъуэ Алим

+1 örnek

ЦӀыхухэр гузавэ пӀейтейм зэщӀиубыдауэ зэрызехьэрт зэрызекъуэхэрт.— Анэдэлъхубзэ

3. Ӏуэху гуэр зэпаубыду зэгурымыӀуэу зэпсэлъэн, зэпыкъуэкъун.

руспорить друг с другом

Ар ижьырабгъумкӀэ игъэувыну.. зэрызекъуэурэ, махуэм жэщ пщӀондэ зэныкъуэкъуащ.— ӀуэрыӀуатэ

Kitapta geçtiği hali

зэрызекъуэн (зэрызокъуэ) неперех. гл. 1. бороться; драться / Зэзэуэн, зэбэнын, зэрызелъэфэн. * Вырвырв жиӀэу букварыр уэздыгъэм къытраутӀыпщхьэри уэздыгъэр якъутэ, пэшыр кӀыфӀ зэрыхъуу, хьейдэ узэрызекъуэнумэ, къеблагъэ. КӀ. А. Еуэмэ зэрызекъуэурэ, еуэмэ зэрызекъуэурэ аргуэру тӀури (хьэри дыгъужьри) зэрыгъэмэхащ. Черк. таур. Ахэр {шууитӀыр} Ӏэщэпшэу къыщӀэкӀынт: шыбгъэрызауэ зэдыхуекӀуауэ зэрызекъуэрт, зым адрейр зэрыщхьэпридзыным щӀэкъуу. Т. Хь. 2. волноваться, бурлить (о толпе) / Зэрызехьэн (цӀыху гупыр). * Бурун ищхъэрэм дэсыр абы къимыгъэгубжьу къэнэнт. ЗанщӀэу зыкъратӀауэ я фӀэщ дыдэу зэрызокъуэ. КӀ. А. ЦӀыхухэр гузавэ пӀейтейм зэщӀиубыдауэ зэрызехьэрт зэрызекъуэхэрт. Анэд. 3. переносное спорить друг с другом / Ӏуэху гуэр зэпаубыду зэгурымыӀуэу зэпсэлъэн, зэпыкъуэкъун. * Ар ижьырабгъумкӀэ игъэувыну.. зэрызекъуэурэ, махуэм жэщ пщӀондэ зэныкъуэкъуащ. фольк.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зэрызокъуэ)

Зэрызехьэн, зэныкъуэкъун, зэрыфыщӀын.

Апчарэ сымэ бжэм нэсауэ къыщӀэкӀынтэкъым, цӀыху зэрызекъуэр, заборыр ирауду, перронымкӀэ кӀуэуэ щыхуежьам.— Нал къута, 218

+1 örnek

ЦӀыхур зэрызекъуэу щыта нэужь, тутнакъэщымкӀэ еӀащ щӀэсыр хуит ящӀыжыну, арщхьэкӀэ унащхьэм тет пулеметымкӀэ къеуэ щыхъум, цӀыхур къэгужьеяуэ, ӀэлфӀыцӀэм хуэдэу хъуауэ, я диным икӀащ, уӀэгъэ хъуа, къаукӀа щалъагъум. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа. 525. «Вырвырв» жиӀэу букварыр уэздыгъэм къытраутӀыпщхьэри уэздыгъэр якъутэ, пэшыр кӀыфӀ зэрыхъуу, хьейдэ – узэрызекъуэнумэ къеблагъэ…— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 544

Kitapta geçtiği hali

ЗЭРЫЗЕКЪУЭН (зэрызокъуэ) лъэмыӀ. (15). Зэрызехьэн, зэныкъуэкъун, зэрыфыщӀын. Апчарэ сымэ бжэм нэсауэ къыщӀэкӀынтэкъым, цӀыху зэрызекъуэр, заборыр ирауду, перронымкӀэ кӀуэуэ щыхуежьам. Нал къута, 218. ЦӀыхур зэрызекъуэу щыта нэужь, тутнакъэщымкӀэ еӀащ щӀэсыр хуит ящӀыжыну, арщхьэкӀэ унащхьэм тет пулеметымкӀэ къеуэ щыхъум, цӀыхур къэгужьеяуэ, ӀэлфӀыцӀэм хуэдэу хъуауэ, я диным икӀащ, уӀэгъэ хъуа, къаукӀа щалъагъум. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа. 525. «Вырвырв» жиӀэу букварыр уэздыгъэм къытраутӀыпщхьэри уэздыгъэр якъутэ, пэшыр кӀыфӀ зэрыхъуу, хьейдэ – узэрызекъуэнумэ къеблагъэ… Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 544.

Düzeltme Öner

зэрызекъуэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.