зэрыгъэхъун
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэрогъэхъу)
1. Зыгуэр зэгъусэу хъун.
рустать кем-чем, каким-л. одновременно (о многих)
Ӏущ зэрыгъэхъун. Бзаджэ зэрыгъэхъун. ЕджакӀуэ цӀыкӀухэр зэдэӀэпыкъуурэ, зым имыщӀэр зым жриӀэурэ, зэпсалъэурэ урысыбзэкӀэ Ӏэзэ зэрыгъэхъуащ.
2. Зэхыхьэурэ, зэхуэсурэ гуп хъун.
рускопиться, собраться (о группе людей)
Шухэри епсыхри, гупыфӀ зэрыгъэхъуауэ, чэфыфӀ тӀэкӀуи яӀэу, сэлам зрахри унэмкӀэ зэрыщӀэгуащ. КӀ. А. Бжьыхьэм къуалэбзухэр гуп зэрогъэхъу, аргуэру гъуэгу техьэжыгъуэр къэсащ. Анэд. ЗэрыжаӀэмкӀэ, цӀыхуищэ зэрыгъэхъуащ ахэр {пщылӀ щӀэпхъуэжахэр}, Ӏэщи я мащӀэкъым. Ш. А.
Kitapta geçtiği hali
зэрыгъэхъун (зэрогъэхъу) неперех. гл. 1. стать кем-чем, каким-л. одновременно (о многих) / Зыгуэр зэгъусэу хъун. Ӏущ зэрыгъэхъун. Бзаджэ зэрыгъэхъун. ЕджакӀуэ цӀыкӀухэр зэдэӀэпыкъуурэ, зым имыщӀэр зым жриӀэурэ, зэпсалъэурэ урысыбзэкӀэ Ӏэзэ зэрыгъэхъуащ. 2. скопиться, собраться (о группе людей) / Зэхыхьэурэ, зэхуэсурэ гуп хъун. Шухэри епсыхри, гупыфӀ зэрыгъэхъуауэ, чэфыфӀ тӀэкӀуи яӀэу, сэлам зрахри унэмкӀэ зэрыщӀэгуащ. КӀ. А. Бжьыхьэм къуалэбзухэр гуп зэрогъэхъу, аргуэру гъуэгу техьэжыгъуэр къэсащ. Анэд. ЗэрыжаӀэмкӀэ, цӀыхуищэ зэрыгъэхъуащ ахэр {пщылӀ щӀэпхъуэжахэр}, Ӏэщи я мащӀэкъым. Ш. А.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэрогъэхъу)
1. Зыкъом зэгъусэу зыгуэр хъун.
Иджыри къэс хъарзынэу зэхэсахэр хьэргъэшыргъэ зэрыгъэхъуащ [Мэмэт-щӀакъуэ щӀэхъуэхъуа Нартыху Къазбэч щхьэкӀэ ефэн ямыдэу].— Лъапсэ, 47
2. Зэхыхьэн, гуп защӀын, зэхуэсын.
Мо къру къомми сыту я насып, гупышхуэ зэрыгъэхъуауэ, зым зыр дэӀэпыкъуу къыздикӀа лъэныкъуэмкӀэ ягъэзэж, ящӀэу къыщӀэкӀынущ, тӀэкӀу дэкӀмэ, мыбыкӀэ уае къызэрыхъунур.— Кхъухь пхэнж, 495
+2 örnek
Иринэрэ Апчарэрэ тӀу зэрыгъэхъуащи, нэхъ тегушхуауэ мафӀэгумкӀэ йоӀэ.— Нал къута, 218
Махуэ къэс къуажэм зыгуэрхэр къыдотӀысхьэ: къэзакъхэр зэрыӀыгъыу къоӀэпхъуэ, осетинхэри хьэблэ-хьэблэ зэрыгъэхъуу къокӀуэри зэунэкъуэщхэр зэгъунэгъуу мэтӀыс, нэхъ унэфӀхэр зэпаубыдри къэзакъхэмрэ осетинхэмрэ щызэфӀэни щызэзэуапи къохъур.— МелыӀыч, 468
Deyimler (1)
хьэлэч зэрыгъэхъун
Еплъ: хьэлэч
Kitapta geçtiği hali
ЗЭРЫГЪЭХЪУН (зэрогъэхъу) лъэмыӀ. (7). 1. (2). Зыкъом зэгъусэу зыгуэр хъун. Иджыри къэс хъарзынэу зэхэсахэр хьэргъэшыргъэ зэрыгъэхъуащ [Мэмэт-щӀакъуэ щӀэхъуэхъуа Нартыху Къазбэч щхьэкӀэ ефэн ямыдэу]. Лъапсэ, 47. 2. (5). Зэхыхьэн, гуп защӀын, зэхуэсын. Мо къру къомми сыту я насып, гупышхуэ зэрыгъэхъуауэ, зым зыр дэӀэпыкъуу къыздикӀа лъэныкъуэмкӀэ ягъэзэж, ящӀэу къыщӀэкӀынущ, тӀэкӀу дэкӀмэ, мыбыкӀэ уае къызэрыхъунур. Кхъухь пхэнж, 495. Иринэрэ Апчарэрэ тӀу зэрыгъэхъуащи, нэхъ тегушхуауэ мафӀэгумкӀэ йоӀэ. Нал къута, 218. Махуэ къэс къуажэм зыгуэрхэр къыдотӀысхьэ: къэзакъхэр зэрыӀыгъыу къоӀэпхъуэ, осетинхэри хьэблэ-хьэблэ зэрыгъэхъуу къокӀуэри зэунэкъуэщхэр зэгъунэгъуу мэтӀыс, нэхъ унэфӀхэр зэпаубыдри къэзакъхэмрэ осетинхэмрэ щызэфӀэни щызэзэуапи къохъур. МелыӀыч, 468. ◊ Хьэлэч зэрыгъэхъун (2). Еплъ хьэлэч.